Дауэ Алыхьым мы дунейр нэхъыфІ зэрищІыжынур?
Дауэ уеплърэ...
-
езым и ТепщэныгъэмкІэ?
-
цІыхухэмкІэ?
-
е нэгъуэщІ зыгуэр къигъэсэбэпу?
ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР
«Уафэм щыІэ Алыхьым зэи мыкъутэжыну пащтыхьыгъуэ игъэувынущ» (Даниил 2:44, Перевод нового мира).
«И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ... И тепщэныгъэшхуэм зэи кІэ иІэнукъым» (Лука 1:32, 33, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011).
АБЫ УИ СЭБЭПУ ХЭЛЪЫР
-
Пэжагъ зыхэлъ, уи гъащІэр нэхъыфІ зыщІыну правительствэ (Исаия 48:17, 18).
-
КъэкІуэну зэманым узыншагъэ быдэрэ насыпрэ (Апокалипсис 21:3, 4).
ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫ ХЪУНУ?
Хъунущ, абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ:
-
Хьисэ бегъымбарым къигъэлъэгъуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм яхуищІэнур. Хьисэ и егъэджэнхэр игъасэрт ахэр Тхьэм елъэІуну Алыхьым и Тепщэныгъэшхуэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ Пащтыхьыгъуэр, къэкІуэн щхьэкІэ икІи щІылъэм теухуауэ Алыхьым иІэ мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ (Маттэ 6:9, 10). А Пащтыхьыгъуэм и унафэщІ хъун хуей Хьисэ ІупщІу къигъэлъэгъуащ а тхьэлъэІум Алыхьым жэуап зэрыритыну щІыкІэр.
Хьисэ щІылъэм щыпсэуам мэжэщІалІэхэр игъашхэт, сымаджэхэр игъэхъужт, лІа нэгъуни къигъэтэджыжт! (Маттэ 15:29—38; Иуан 11:38—44) Абы цІыхухэм яригъэлъэгъуащ къэкІуэну зэманым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІэтынухэм къалъысыну гъащІэфІыр (Апокалипсис 11:15).
-
Мы дунейм къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэм нэрылъагъу ящІ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къызэрыблэгъар. Хьисэ жиІауэ щытат Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм мамырыгъэр щызэтригъэувэжыну дыдэм ипэ къихуэу, дунейм щІыпІэ-щІыпІэхэмкІэ щІыр щыхъеину, гъаблэхэр, зауэхэр къэхъуну (Маттэ 24:3, 7).
Аращ нобэ дэри тлъагъур. Абы къыхэкІыу быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу мы дунейм къыщекІуэкІ гугъуехьхэм кІэ къызэрыхуигъэкІуэнур.
ЕГУПСЫСЫТ
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьынур сыт хуэдэ гъащІэ?
Тхыгъэ ЛъапІэм абы и жэуапыр итщ МАТТЭ 5:5; ИСАИЯ 65:21—23.