Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Библиер сыту зэрыплъытэр?

Библиер сыту зэрыплъытэр?

Сыт уэ жыпІэр, ар...

  • бегъымбархэм ятхыу иужькІэ зэрахъуэкІа?

  • таурыхърэ шыпсэрэ зэрыт тхылъ?

  • Алыхьым и Псалъэ?

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР

«Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм деж къикІащ» (2 Тимофей 3:16, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011).

АБЫ УИ СЭБЭПУ ХЭЛЪЫР

ГъащІэм къыщыхъей мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм жэуап нэс ирет (Притчи 2:1—5).

ГъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъуну чэнджэщ къыует (Псалом 119:105).

ГугъапІэ пэж къыует (Рим 15:4).

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫ ХЪУНУ?

Хъунущ, абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ:

  • Абы итыр псори зэтохуэ. Библиер илъэс 1 600-м къриубыдэу цІыху 40 хуэдизым ятхащ. Абыхэм и нэхъыбэр зэи зэхуэзакъым. ИтІани, зэрытхылъу зы темэщ кІуэцІрыкІыр.

  • Зытхахэм къэхъуа дыдэращ ятхыжар. Тхыдэр зытхыжу щыта куэдым я лъэпкъхэм ящІа щыуагъэхэр ятхыжтэкъым. Ауэ, Библиер зытхахэм езым я щыуагъэхэри я лъэпкъэгъухэм я щыуагъэхэри щІамыхъумэу ятхыжащ (2 Летопись 36:15, 16; 1 Тимофей 1:13).

  • Къэхъунур пэжу жеІэ. Бабилэныр зэрызэтекъутэну щІыкІэр илъэс 200 ипэ къихуэу Библием щыжыІауэ щытащ (Исаия 13:17—22). А къалэр къызэразэуну щІыкІэм и мызакъуэу, къэзызэуным и цІэри иратхауэ щытащ (Исаия 45:1—3).

    Абы нэмыщІ Библием къэхъун хуейуэ ит куэд къэхъуащ. Аракъэ Алыхьым и Псалъэр зэрыщытын хуейр? (2 Петр 1:21).

ЕГУПСЫСЫТ

Дауэ Алыхьым и Псалъэм уи гъащІэр нэхъыфІ зэрищІынур?

Тхыгъэ ЛъапІэм абы и жэуапыр итщ ИСАИЯ 48:17, 18; 2 ТИМОФЕЙ 3:16, 17.