ЛІахэр къэтэджыжыну?
Уэ дауэ уеплърэ?
-
Къэтэджыжынущ.
-
Къэтэджыжынукъым.
-
СщІэркъым.
ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР
«Пэжыгъэ зиІэхэмрэ зимыІэхэмрэ Тхьэм къигъэтэджыжынущ» (Апостолхэм 24:15, ХъыбарыфІыр, 1993).
АБЫ УИ СЭБЭПУ ХЭЛЪЫР
ФІыуэ плъагъу гуэр лІэмэ, уи лъэр щІэхукъым (2 Коринф 1:3, 4).
ЛІэныгъэм ущышынэу узэщІиубыдамэ, укъригъэутІыпщыжынущ (Еврейхэм 2:15).
Уи лІахэр къэтэджыжу уазэрыхуэзэжынымкІэ гугъэ быдэ къует (Иуан 5:28, 29).
ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫ ХЪУНУ?
Хъунущ, абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ:
-
Алыхьым псэ зыІут псоми гъащІэ иритащ. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ Иеговэщ «псэ зыІут псори щызыгъэІэр» (Апостолхэм 17:24, 25, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011; Псалом 36:9). Псори къэзыгъэщІам, шэч хэмылъу, лІахэр къигъэтэджыжыфынущ.
-
Алыхьым япэм щыгъуэ цІыху гуэрхэр къигъэтэджыжауэ щытащ. Тхыгъэ ЛъапІэм и гугъу ещІ щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ лІахэм къахэтэджыкІыжауэ цІыхуийм. Абыхэм яхэтащ ныбжь зиІи зимыІи, цІыхухъуи цІыхубзи. Абыхэм я нэхъыбэр лІауэ куэдрэ щымытами, зыр махуиплІкІэ лІауэ щытащ (Иуан 11:39—44).
-
Алыхьыр иджыри хуейщ лІахэр къигъэтэджыжыну. Иеговэ илъагъу хъукъым лІэныгъэр; ар абы бийуэ елъытэ (1 Коринф 15:26). Иеговэ а бийм текІуэну мурад быдэ иІэщ. ЛІахэр къызэригъэтэджыжынымкІэ лІэныгъэм кІэ иритынущ. Иеговэ Іейуэ поплъэ фІыкІэ игу къинэжа цІыхухэр мы щІылъэм щыпсэуну къыщигъэтэджыжыну махуэм (Иов 14:14, 15).
ЕГУПСЫСЫТ