Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ сыт зыхуейр?

Унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ сыт зыхуейр?

НасыпыфІэ хъун щхьэкІэ зыхуейр...

  • лъагъуныгъэ?

  • ахъшэ?

  • нэгъуэщІ зыгуэр?

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР

«Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ» (Иуан 13:17, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011).

АБЫ УИ СЭБЭПУ ХЭЛЪЫР

Уи унагъуэм лъагъуныгъэ кърелъхьэ (Ефес 5:28, 29).

ПщІэ, нэмыс къыдокІуэ (Ефес 5:33).

Унагъуэр быдэ ещІ (Марк 10:6—9).

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫ ХЪУНУ?

Хъунущ, абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ:

  • Алыхьыращ унагъуэр зыухуар. Тхыгъэ ЛъапІэм зэритымкІэ «унагъуэ псоми я цІэр» фІэзыщар Алыхь Иеговэщ (Ефес 3:14, 15). НэгъуэщІу жыпІэмэ, унагъуэр щыІэну къэзыгупсысар Алыхьыращ. Сыт хуэдэ мыхьэнэ абы иІэр?

    Егупсысыт: шхыныгъуэ гуэр уигу ирихьатэмэ, хэтыт ар зэрыпщэфІамкІэ узэупщІынур? ДауикІ, зыпщэфІаращ.

    Апхуэдэу, унагъуэр насыпыфІэ зэрыхъунымкІэ дызэупщІын хуейр унагъуэр зыухуа Алыхь Иеговэщ (ЩІэдзапІэ 2:18—24).

  • Алыхьым и нэІэ къыфтригъэтщ. Унагъуэм исхэм Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэр къагъэсэбэпмэ нэхъыфІщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, «абы и нэІэ къыфтригъэтщ»,— жеІэ Тхыгъэ ЛъапІэм (1 Петр 5:6, 7). Иеговэ хуейщ насыпыфІэ дыхъуну. Абы и чэнджэщхэри сэбэп тхуохъу (Притчи 3:5, 6; Исаия 48:17, 18).

ЕГУПСЫСЫТ

Дауэ щхьэгъусэфІ, адэфІ, анэфІ узэрыхъуфынур?

Тхыгъэ ЛъапІэм абы и жэуапыр итщ ЕФЕС 5:1, 2; КОЛОССЭ 3:18—21.