Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Унагъуэм папщІэ чэнджэщыфІ куэд иджыри щыІэщ

Унагъуэм папщІэ чэнджэщыфІ куэд иджыри щыІэщ

БИБЛИЕР — ЧЭНДЖЭЩ НЭХЪЫФІ ДЫДЭХЭР ЗЭРЫТ ТХЫЛЪЩ. А чэнджэщхэр зэщхьэгъусэхэми, адэ-анэхэми, сабийхэми я дежкІэ сэбэпщ. Библием ит принципхэр къыбдэІэпыкъунущ уи гъащІэм япэ ибгъэщын хуейр къыбгурыІуэну (Притчи 1:1—4).

БИБЛИЕМ ИТЩ УПЩІЭ НЭХЪЫЩХЬЭХЭМ Я ЖЭУАПХЭР:

  • ГъащІэм и мыхьэнэр сыт?

  • Апхуэдиз гузэвэгъуэ зэрыщыІэмкІэ Алыхьыр бгъэкъуаншэ хъуну?

  • ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?

Уэ Іэмал уиІэщ Библиер нэхъыфІу къэпцІыхуну икІи мы упщІэхэмрэ нэгъуэщІхэмрэ я жэуапхэр къэпщІэну. «Библиер щІэджын хуейр сыт?» жыхуиІэ видеороликым еплъ. Абы щхьэкІэ кодыр отсканировать щІы е www.pr418.com сайтым ихьэ.