Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ПэщІэдзэ

ПэщІэдзэ

МЫ ТХЫЛЪЫМ ит хъыбархэр пэж дыдэу къэхъуащ. Ахэр къызэрахар дуней псом лъапІэу ялъытэ Тэурэт, Забур, Инджыл тхылъхэращ. А тхылъхэм укІэлъагъэплъыфынущ дуней псом и тхыдэр къызэрекІуэкІам: Алыхьым ухуэн щыщІидзам къыщыщІэдзауэ, ди зэманым къэсыху. Апхуэдэуи абыхэм итщ къэкІуэну зэманым Алыхьым ищІэну дыкъызэригъэгугъэр сытми.

Мы тхылъым и фІыгъэкІэ Тэурэтыр, Забурыр, Инджылыр зытеухуар къэфщІэфынущ. Мыр топсэлъыхьыж а Тхыгъэ ЛъапІэхэм ит лІыхъужьхэмрэ абыхэм я гъащІэмрэ. Мыбы апхуэдэуи цІыхухэм къахузэІуех Алыхьым гугъапІэшхуэ къызэрыдитыр — мыухыж гъащІэ мы щІылъэм щыІэну жэнэтым зэрыщыІэнур.

Мы тхылъым псори зэхэту хъыбар 116–рэ итщ. Ахэр Іыхьийуэ гуэшащ. Іыхьэ къэс ипэ къыщокІуэ зытеухуар кІэщІ цІыкІуу. Хъыбархэр тхыдэм и кІуэцІкІэ къызэрыхъуам хуэдэу зэкІэлъокІуэ. Апхуэдэу фэ нэхъыфІыу къэфщІэнущ сыт хуэдэ Іуэхугъуэм сыт къыкІэлъыкІуами.

Хъыбархэр бзэ тыншкІэ къэІуэтэжащ. Фэ фщыщу зыкъомри, цІыкІухэ, мы тхылъым езыр-езыру еджэжыфынущ. Фэ, адэ–анэхэ, флъэгъунщ дапщэрэ мы хъыбархэм фи сабийхэм факъыхуемыджами, яфІэфІу зэредаІуэр. Фэ къэфщІэнущ мы тхылъым сабийхэми балигъхэми папщІэ гъэщІэгъуэн куэд зэритыр.

Хъыбар къэс и щІагъым деж къыщыхьащ ар Тхыгъэ ЛъапІэм зэрытыр дэнэми. А хъыбархэм я лъабжьэ хъуа Тхыгъэ ЛъапІэм ит пычыгъуэхэр къызэІуфхыурэ феджэмэ нэхъыфІщ.