Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЯПЭ ІЫХЬЭ

Дуней къыщигъэщІам щыщІэдзауэ дунейпсо псыдзэшхуэм нэс

Дуней къыщигъэщІам щыщІэдзауэ дунейпсо псыдзэшхуэм нэс

Дэнэ къыздикІар уафэмрэ щІылъэмрэ? Дыгъэри, мазэри, вагъуэхэри, адрей псори? Алыхьым и Псалъэм жэуап пэжыр итщ: ахэр Алыхьым къигъэщІащ. Абы щхьэкІэ ди тхылъри щІедзэр дунейр къызэригъэщІа щІыкІэр къэзыІуэтэж Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэмкІэ.

Дэ къэтщІэнущ япэу Алыхьым къигъэщІахэр езым хуэдэу нэрымылъагъуу зэрыщытар. Ахэр мелыІычхэращ. Ауэ щІыр щІищІар дэ щхьэкІэщ — цІыхухэм щхьэкІэщ. Аращ Алыхьым цІыхухъурэ цІыхубзрэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ, къигъэщІыу жыг хадэ дахащэм щІригъэтІысхьар. Ауэ ахэр Алыхьым зэремыдэІуам щхьэкІэ, я гъащІэр яфІэкІуэдащ.

Іэдэм къыщигъэщІам щыщІэдзауэ, псыдзэшхуэм нэс илъэс 1 656–рэ дэкІащ. А зэманым къриубыдэу бзэджагъэ зыщІэ куэд псэуащ. Уафэм — нэкІэ дымылъагъу мелыІыч Іейхэмрэ ШейтІанымрэ. ЩІылъэм — Къэбыл, нэгъуэщІ цІыху Іей куэд, къаруушхуэ зиІэхэри яхэту. Ауэ щІылъэм цІыхуфІ куэди щыпсэуащ: Хьэбыл, Индрис, Нухь сымэ. ЯПЭ Іыхьэм дыщытепсэлъыхьынущ а Іуэхугъуэхэмрэ а цІыхухэмрэ.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

1 ХЪЫБАР

Алыхьым иухуэн щІедзэ

Алыхьым дунейр къызэригъэщІам теухуауэ 1 Мусэм тегъэщІа хъыбарыр сабий цІыкІу нэгъунэхэми тыншу къагурыІуэнущ икІи яфІэгъэщІэгъуэн хъунущ.

2 ХЪЫБАР

Хадэ дахащэ

1 Мусэ итщ Алыхьым Іэдэн жыг хадэр щІыпІэ хэха зэрищІар. Алыхьыр хуейщ щІылъэ псор Іэдэн жыг хадэм ещхьу дахэ хъуну.

3 ХЪЫБАР

Япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ

Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ къигъэщІри Іэдэн жыг хадэр псэупІэу яритащ. Япэ дыдэу зэщхьэгъусэ хъуахэр ахэращ.

4 ХЪЫБАР

Сыт абыхэм я унэр ящІыфІэкІуэдар

Мусэ и япэ тхылъым къеІуэтэж жэнэтыр зэрыкІуэда щІыкІэр.

5 ХЪЫБАР

ГъащІэ гугъум щІедзэ

Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм кърахуа иужь гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. Ахэр Алыхьым едэІуатэмэ, абыхэм я сабийхэр насыпыфІэу псэунут.

6 ХЪЫБАР

КъуэфІымрэ къуэ Іеймрэ

Къэбылрэ Хьэбылрэ теухуауэ 1 Мусэ ит хъыбарым къегъэлъагъуэ сыт хуэдэ цІыхуу дыщытын хуейми икІи сыт хуэдэ еплъыкІэ Іейхэр тхъуэжын хуейми, ди Іуэхур хэмытІасэ щІыкІэ.

7 ХЪЫБАР

ЛІыгъэ зыхэлъ цІыху

Индрис и щапхъэм къегъэлъагъуэ ихъуреягъкІэ псоми Іей ялэжьми, цІыхум Іуэху пэж зэрызэрихьэфынур.

8 ХЪЫБАР

Иныжьхэр щІылъэм

1 мусэ, 6 псалъащхьэр топсэлъыхь цІыхухэм лей езыхыу щыта иныжьхэм. А иныжьхэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ нефилимхэр, къызытехъукІар Алыхьым епцІыжу щІылъэм къакІуэу цІыхухэм я гъусэу псэун щІэзыдза мелыІычхэращ.

9 ХЪЫБАР

Нухь кхъухьыр ещІ

Адрей цІыхухэр Алыхьым едэІуэну хуэмеями, Нухьрэ абы и унагъуэмрэ абы едэІуащ икІи псыдзэшхуэм къелащ.

10 ХЪЫБАР

Дунейпсо псыдзэшхуэ

ЦІыхухэр Нухь щыдыхьэшхт. Уэшх къешхын зэрыщІидзэу, абыхэм дыхьэшхын щагъэтащ! Нухь, абы и унагъуэр икІи псэущхьэ куэдыр кхъухьым итІысхьэу къызэрелам теухуауэ къеджэ.