Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4-НЭ ХЪЫБАР

Сыт абыхэм я унэр ящІыфІэкІуэдар

Сыт абыхэм я унэр ящІыфІэкІуэдар

ЕПЛЪЫТ къэхъуам. Іэдэмрэ Хьэуарэ Едем жыг хадэм кърахуащ. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми?

Іей гуэр ящІащи аращ. Абы щхьэкІэ Иеговэ абыхэм тезыр ятрилъхьащ. ПщІэрэ сыт хуэдэ къуаншагъэми абыхэм ящІар?

Абыхэм ящІащ Алыхьым фымыщІэ жыхуиІар. Жыг псоми пыт пхъэщхьэмыщхьэр яшхыну хуит ищІат ахэр Алыхьым. Ауэ зы жыг гуэрым пытыр яшх хъунутэкъым — лІэнут. А жыгыр Алыхьым ейт. Дэ дощІэ нэгъуэщІым ей къапщтэ зэрымыхъунур, пэжкъэ? Сыт–тІэ къэхъуар?

Зэгуэр Хьэуа и закъуэ жыг хадэм къыщинам, абы блэр къепсэлъащ. Дауэ уеплърэ! Абы жриІащ Хьэуа ишх мыхъуну пхъэщхьэмыщхьэр ишхыну. Иеговэ блэр щищІым, ар ищІакъым псэлъэфу. Абы къикІыр зыщ: блэм и пІэкІэ псэлъар нэгъуэщІ гуэрщ. Хэт–тІэ ар?

Ар Іэдэмтэкъым. ИтІанэ ар Иеговэ щІыр имыщІ щІыкІэ къигъэщІахэм я щыщ гуэр хъунщ. Абыхэм зэреджэр мелыІычщ — ахэр дэ тлъагъукъым. Абыхэм я щыщ зы мелыІыч пагэ хъуащ. Абы игу къэкІащ, Алыхьым хуэдэу унафэщІ хъуну. Ар Іейуэ хуейт цІыхухэр Алыхьым нэхърэ езым нэхъыбэу едэІуэну. КъызэрыщІэкІамкІэ, а мелыІычырат блэм и пІэкІэ псэлъар.

Абы къехъулІащ Хьэуа къигъэпцІэну. Хьэуа и фІэщ хъуащ абы къыжриІа псалъэхэр: «Пхъэщхьэмыщхьэр ишхмэ, Алыхьым хуэдэ ухъунущ» — жыхуиІар.

Аращ Хьэуаи, абы и гъусэу Іэдэми, пхъэщхьэмыщхьэр щІашхар. Алыхьым жиІам зэремыдэІуам щхьэкІэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэдащ я жэнэт унэ дахащэр.

Ауэ щІыр псори, Едем жыг хадэм хуэдэу, дахащэ Алыхьым щищІыжыну зэманыр къэсынущ. ИужькІэ дэ къэтщІэнущ сыт уэ абы хэпщІыхьыфынуми. Ауэ, иІэт, иджыпсту къэтщІэнти Іэдэмрэ Хьэуарэ къащыщІар сытми.