Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6-НЭ ХЪЫБАР

КъуэфІымрэ къуэ Іеймрэ

КъуэфІымрэ къуэ Іеймрэ

ЕПЛЪЫТ иджы Къэбылрэ Хьэбылрэ. Ахэр балигъ хъуащ. Къэбыл щІым толэжьыхьыр. Абы къегъэкІ жылапхъэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкІхэр.

Хьэбыл мэл егъэхъу. Абы игу ирохь мэл цІыкІухэм кІэлъыплъын. Ахэр ин мэхъури куэд дэмыкІыу и хъушэр мэбагъуэ.

Зэгуэрым Къэбылрэ Хьэбылрэ Алыхьым тыхь къыхуахьат. Къэбыл езым къигъэкІахэм щыщ къихьащ. Хьэбыл езым и мэл нэхъыфІ дыдэхэм щыщ къихьащ. Иеговэ игу ирохь Хьэбылрэ абы къыхуихьамрэ. Ауэ абы игу ирихькъым Къэбылрэ абы и тыгъэмрэ. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми?

Хьэбыл и тыгъэр Къэбыл къихьам нэхърэ нэхъыфІуракъым, атІэ Хьэбыл цІыхуфІщи аращ. Абы фІыуэ елъагъу Иеговэрэ и къуэшымрэ. Ауэ Къэбыл цІыху Іейщ икІи и къуэшыр фІыуэ илъагъукъым.

Абы щхьэкІэ Алыхьыр Къэбыл йолъэІу зихъуэжыну. Ауэ ар абы едаІуэкъым. Алыхьым Хьэбыл нэхъыфІу зэрилъагъум Къэбыл Іейуэ къегъэгубжь. Зэгуэрым абы Хьэбыл жреІэ: «НакІуэ губгъуэм дыгъакІуэ»,— жеІэри. ТІури зэгъусэу губгъуэм къина иужькІэ, Къэбыл и къуэшым йоуэ. АпхуэдизкІэ еуати, Хьэбыл малІэ. Телъыджэтэкъэ-тІэ а Къэбыл ищІар?

Хьэбыл лІами, Алыхьым ар щыгъупщакъым. Ар цІыхуфІт — Иеговэ зэикІ апхуэдэ цІыхухэр щыгъупщэкъым. Зы махуэ гуэр Алыхь Иеговэ Хьэбыл къигъэхъужынущ. Мис итІанэ ар афІэкІа лІэжынукъым. Ар игъащІэкІэ мы щІылъэм щыпсэунущ. ФІыгъуэшхуэкъэ-тІэ Хьэбыл хуэдэ цІыхухэр зэбгъэцІыхуну?

Алыхьым игу ирихькъым Къэбыл хуэдэ цІыхухэр. И къуэшыр зэриукІам щхьэкІэ, Алыхьым Къэбыл тезыру трилъхьащ и унагъуэм пэІэщІэу псэуну. НэгъуэщІ щІыпІэ щыІэпхъуэм щыгъуэ, Къэбыл и шыпхъухэм щыщ зы щхьэгъусэу къыздищтащ.

Зэман дэкІа иужь, Къэбылрэ и щхьэгъусэмрэ бын ягъуэтащ. Іэдэмрэ Хьэуарэ адрей я къуэхэми фыз къашащ, я пхъухэр дэкІуащ, абыхэми сабий ягъуэтащ. Куэд дэмыкІыу дунейм цІыху куэд къытехъуащ. ИІэт зэдгъэцІыхунти абыхэм ящыщ гуэрхэр.