Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЕТІУАНЭ ІЫХЬЭ

Дунейпсо псыдзэшхуэм щыщІэдзауэ Мысырым къыщикІыжам нэсыху

Дунейпсо псыдзэшхуэм щыщІэдзауэ Мысырым къыщикІыжам нэсыху

ЦІыхуий къудейщ псыдзэшхуэм къелар. Зэман дэкІа иужь, ахэр мин куэд хъуащ. Псыдзэшхуэ нэужьым, илъэс 352-рэ дэкІауэ, Ибрэхьим къалъхуащ. Дэ къэтщІэнущ Ибрэхьим Исхьэкъ и цІэу къуэ иритыну Алыхьым ита псалъэр зэриІыгъыжар. ИужькІэ къэтщІэнущ Исхьэкъ и къуитІым язу, Екъуб, Алыхьым къызэрыхихар.

Екъуб унагъуэшхуэт: къуэ 12-рэ пхъу зыбжанэрэ иІэт. Абы и къуипщІым я къуэш нэхъыщІэ Исуф ялъагъу мыхъуу хъуащ икІи ар иращащ Мысырым пщылІыу. ИужькІэ Исуф Мысырым къулыкъу щиІэу хъуащ. Гъаблэшхуэ къэхъуа иужь, абы и къуэшхэр игъэунэхуащ, захъуэжарэ замыхъуэжарэ къищІэну. ИкІэм–икІэжым Екъуб и унагъуэр, израиль лъэпкъкІэ зэджэр, Мысырым Іэпхъуэжащ. Ар къыщыхъуар Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэс 290–рэ дэкІа иужьщ.

КъыкІэлъыкІуэ илъэс 215-м израиль лъэпкъыр Мысырым щыпсэуащ. Исуф лІа иужь, ахэр абы пщылІ щыхъуащ. Зэман гуэр дэкІа иужь, Мусэ къалъхуащ. Ар къигъэсэбэпри Алыхьым израиль лъэпкъыр Мысырым къришыжащ. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, ЕТІУАНЭ Іыхьэм тхыдэм щыщу илъэс 857-рэ къызэщІеубыдэ.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

11 ХЪЫБАР

Япэ лэгъупыкъур

Лэгъупыкъур щыплъагъум деж, сыт узэгупсысын хуейр?

12 ХЪЫБАР

ЦІыхухэм чэщанэшхуэр ящІ

Алыхьым ар игу ирихьакъым, икІи нобэр къыздэсым цІыхухэм абы и тезырыр зыхащІэ.

13 ХЪЫБАР

Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъущ

Ибрэхьим и унэ тыншыр къигъанэу, къэнэжа и гъащІэр щхьэ шэтырхэм щрихьэкІа?

14 ХЪЫБАР

Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр егъэунэху

Ибрэхьим и къуэр къурмэну къыхуихьыну щхьэ Алыхьыр абы елъэІуа?

15 ХЪЫБАР

ЛутІ и фызыр къызэплъэкІащ

Абы къыщыщІам дэ дерс куэд хэтхыфынущ.

16 ХЪЫБАР

Исхьэкъ фызыфІ къылъос

Сыт Ревекка фызыфІ къыщІыхэкІар? Бгъэдэлъа дахагъэм и фІыгъэкІэ хьэмэрэ нэгъуэщІ зыгуэрым и фІыгъэкІэ?

17 ХЪЫБАР

Зэмыщхьу зэтІолъхуэныкъуитІ

Абыхэм я адэ Исхьэкъ нэхъыфІу илъагъур Исавт, ауэ я анэ Ревеккэ — Екъубт.

18 ХЪЫБАР

Екъуб Харраным макІуэ

Екъуб Рахиль фІыуэ илъагъуми, япэщІыкІэ къишар Лиещ.

19 ХЪЫБАР

Екъуб и унагъуэшхуэр

Екъуб и къуэ 12-м я цІэхэр Израилым и лъэпкъ 12-м фІащыжауэ пІэрэ?

20 ХЪЫБАР

Динэ къыщыщІа насыпыншагъэр

Псори къыщежьар ныбжьэгъу тэмэм къыщыхимыхам щыгъуэщ.

21 ХЪЫБАР

Зэкъуэшхэм Исуф ялъагъу хъукъым

Щхьэ зыгуэрым игу къэкІыхха и къуэш иукІыжыну?

22 ХЪЫБАР

Исуф тутнакъым ягъэтІыс

Ар тутнакъым щІисыр цІыху пэжу зэрыщытам щхьэкІэщ, армыхъумэ мыхъумыщІэ илэжьауэ аракъым.

23 ХЪЫБАР

Фирхьэуным и пщІыхьэпІэхэр

Жэмиблым къикІымрэ щхьэмыжиблым къикІымрэ зыгуэркІэ зэщхьщ.

24 ХЪЫБАР

Исуф и къуэшхэр егъэунэху

Исуф дауэ къызэрищІэнур и къуэшхэм захъуэжарэ замыхъуэжарэ?

25 ХЪЫБАР

Унагъуэр Мысырым мэІэпхъуэ

Екъуб и унагъуэм щыщхэм щхьэ израиль цІыхукІэ еджэрэ?

26 ХЪЫБАР

Іэюб Алыхьым хуэпэжщ

Іэюб и мылъкури, и узыншагъэри, и быну хъуари фІокІуэд. Ар Алыхьым и тезырт?

27 ХЪЫБАР

Мысырым пщы бзаджэ теуващ

Фирхьэуным сыт унафэ щІищІар журтхэм я щІалэ цІыкІу къалъхуагъащІэхэр яукІыну?

28 ХЪЫБАР

Мусэ цІыкІу къызэрырагъэлар

Сабий цІыкІухэр яукІыну къыдагъэкІа унафэр къызэрыпикІухьын Іэмал Мусэ и анэм къигъуэтащ.

29 ХЪЫБАР

Мусэ щІыщІэпхъуэжам и щхьэусыгъуэр

Мусэ илъэс 40 щыхъум и лъэпкъыр къригъэлыфыну и гугъэт, ауэ ар апхуэдэу щыттэкъым.

30 ХЪЫБАР

МафІэ зыщІэна чыцэ

Телъыджэ зыбжанэкІэ Алыхьым наІуэ ищІащ израиль лэпкъыр Мысырым къыщижын хуей зэманыр къызэрысар.

31 ХЪЫБАР

Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным деж зэрыкІуар

Фирхьэуныр Мусэ щІемыдаІуэр сыт икІи израиль лъэпкъыр щІимыутІыпщыр сыт?

32 ХЪЫБАР

ТезырипщІыр

Алыхьым Мысырым тезырипщІ трилъхьащ, фирхьэуныр ерыщ екІуауэ израиль лъэпкъыр къиутІыпщыну зэримыдэм щхьэкІэ.

33 ХЪЫБАР

Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІар

Алыхьым и къарукІэ Мусэ Хы Плъыжьыр зэгуигъэкІащ, израилхэри щІы гъущэм тету зэпрыкІащ.