Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

18-НЭ ХЪЫБАР

Екъуб Харраным макІуэ

Екъуб Харраным макІуэ

ПЩІЭРЭ Екъуб зэпсалъэр хэтми? Махуэ куэдкІэ гъуэгуанэ тета нэужь, Екъуб мы цІыхухэм псыкъуийм деж щахуэзащ. Ахэр мэлыхъуэщ. Екъуб абыхэм еупщІащ: «Дэнэ фызыщыщыр?»

— Харран,— жаІащ абыхэм.

— Лаван фцІыхурэ? — еупщІащ абыхэм Екъуб.

— ДоцІыху,— жаІащ абыхэм.— Еплъыт, мо мэл гуартэм и гъусэу къакІуэр абы ипхъу Рахилщ.

Плъагъурэ, модэ жыжьэу Рахиль?

И анэдэлъху Лаван и мэл гуартэм и гъусэу Рахиль къакІуэу щилъагъум, Екъуб псыкъуийм бгъэдыхьэри мывэ Іулъыр къыІуигъэджэрэзыкІащ, мэлхэр псы иригъэфэн щхьэкІэ. ИужькІэ абы Рахиль ба хуищІри, жриІащ езыр хэтми. ГуфІэжу Рахиль унэм кІуэжри, и адэ Лаван псори жриІэжащ.

Екъуб абы и деж къызэрынам щыгуфІыкІащ Лаван. Рахиль фызу къызэт жиІэу Лаван щелъэІум, ар Іейуэ гуфІащ. Ауэ Лаван елъэІуащ Екъуб Рахиль щхьэкІэ илъэсиблкІэ и губгъуэм щыхуэлэжьэну. Екъуб Рахиль фІыщэу илъагъути арэзы хъуащ. ХьэгъуэлІыгъуэр къыщыблэгъам пщІэрэ къэхъуар сытми?

Рахиль и пІэкІэ ипхъу нэхъыжь Лие абы фызу иритащ. Екъуб иджыри Лаван илъэсиблкІэ хуэлэжьэну арэзы щыхъум, Рахили фызу иритащ. А зэманым Алыхьым идэт цІыхухъухэм фыз зыбжанэ яІэу. Ауэ иджы, Библием зэрыжиІэмкІэ цІыхухъум зы фызщ иІэн хуейр.