Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

24-НЭ ХЪЫБАР

Исуф и къуэшхэр егъэунэху

Исуф и къуэшхэр егъэунэху

ИСУФ къищІэну хуейщ и къуэшхэр иджыри апхуэдэу цІыху икІэу, гущІэгъуншэу щытрэ щымытрэ. Абы щхьэкІэ абы жеІэ: «Фэ фытІасхъэщІэхщ. Фэ фыкъыщІэкІуар ди хэкум и тІасхъапІэхэр къэфщІэн щхьэкІэщ».

— Хьэуэ дэ дытІасхъэщІэхкъым,— жаІэ абыхэм.

— Дэ ды цІыху пэжщ. Дэ псори дызэкъуэшщ. ПщыкІутІ дыхъуу щытати, ди зы къуэшыр щыІэжкъым, нэхъыщІэ дыдэр ди адэм и гъусэу унэм къэнащ.

Исуф ахэр и фІэщ мыхъуу фэ зытрегъауэ. Абы и къуэш Симеон тутнакъым къренэри, адрейхэм яшхын яретри еутІыпщыж. ЩиутІыпщыжым яжреІэ: «ДяпэкІэ фыкъыщыкІуэкІэ фи къуэш нэхъыщІэри къыздэфшэ».

Ханаан къыщагъэзэжам, зэкъуэшхэм я адэ Екъуб къэхъуа псори жраІэжащ. Екъуб абы Іейуэ ирищхьэжэгъуащ. «Исуф щыІэжтэкъым,— магъыр ар,— иджы Симеони сиІэжкъым. Здэнукъым къыздэфщтэу си къуэ нэхъыщІэ Вениамин». Ауэ яшхын ямыІэжыхэ щыхъум, Екъуб ахэр хуит ищІын хуей мэхъу Вениамин Мысырым здашэну, унагъуэм яшхын иджыри къашэн щхьэкІэ.

Исуф къелъагъу и къуэшхэр къызэрыкІуэр. Абы деж гуфІэгъуэшхуэщ и къуэш нэхъыщІэ Вениамин зэрилъэгъунур. ДауикІ, абыхэм щыщу зыми игу къэкІкъым а къулыкъущІэр зэры-Исуфыр. Мы зы гъуэгу Исуф аргуэру зыгуэр къегупсыс, и къуэшипщІыр игъэунэхун щхьэкІэ.

Абы и пщылІхэм унафэ яхуещІ и къуэш псоми я къэпхэм шхын из ящІыну. Абыхэм ямыщІэу Вениамин и къэпым Исуф и дыжьын фалъэр гъэпщкІуауэ ирелъхьэ. Ежьэжа иужькІэ, Исуф абыхэм якІэлъегъакІуэр и пщылІхэр. Ахэр абыхэм якІэлъыщІыхьэри еупщІащ: «Сыт ди зиусхьэным и дыжьын фалъэр къыщІэвдыгъуар?»

— Абы и фалъэр къэтщтакъым дэ,— жаІэ зэкъуэшхэм псоми.

— Фалъэр дэ тщыщу зыгуэрым къищтауэ къэвгъуэтмэ, фыукІ ар.

Арати, мы сурэтым зэрыщыплъагъущи, пщылІхэм къэп псори щІащыкІын щІадзэри, фалъэр Вениамин и къэпым илъу къагъуэт. ИтІанэ абыхэм жаІэ: «Вениамин ди гъусэу нокІуэ, адрейхэр псори фыщхьэхуитщ». Сыт-тІэ иджы ящІэнур зэкъуэшипщІым?

Абыхэм псоми Вениамин и гъусэу Исуф деж къагъэзэж. Исуф и къуэшхэм яжреІэ: «Фэ псори фыкІуэжми хъунущ, Вениамин къэнэнущ си пщылІу».

ИтІанэ Иудэ Іей дыдэу мэлъаІуэ: «ЩІалэ цІыкІур симыгъусэу унэм згъэзэжмэ, абы си адэр илІыкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар фІыщэу елъагъу абы. КхъыІэ, сэ пщылІу сыкъэгъани щІалэ цІыкІур унэм гъэкІуэж».

Исуф елъагъу и къуэшхэм зэрызахъуэжар. Ахэр афІэкІа цІыху икІэжкъым, гущІэгъуи яхэлъ хъуащ. ИІэт, деплъынти адэкІэ Исуф ищІэр сытми.