Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

27-НЭ ХЪЫБАР

Мысырым пщы бзаджэ теуващ

Мысырым пщы бзаджэ теуващ

МЫ ЦІЫХУХЪУХЭМ залымыгъэкІэ хагъэзыхь цІыхухэр лэжьэну. Еплъыт мо цІыхухъур щІопщкІэ лэжьакІуэм зэреуэм! Мы лэжьакІуэхэр Екъуб и унагъуэм къытекІыжахэращ. Абыхэм израиль лъэпкъкІэ йоджэ. Ахэр лэжьэну хэзыгъэзыхь цІыхухъухэр мысырщ. Израиль лъэпкъыр мысырхэм я пщылІ хъуащ. Дауэ зэрыхъуар?

Илъэс куэдым и кІуэцІкІэ Екъуб и унагъуэшхуэр мамыру Мысырым щыпсэуащ. Абыхэм ядэІэпыкъут Исуф, фирхьэуным иужькІэ Мысырым щытепщэр. Исуф лІа иужькІэ, Мысырым и тепщэ хъуащ израиль лъэпкъыр фІыуэ зымылъагъу фирхьэун гуэр.

ИтІанэ а фирхьэун бзаджэжьым израиль лъэпкъыр игъэпщылІын щІидзащ. Абыхэм якІэлъыплъыну цІыху бзаджэжьхэри игъэуващ. Фирхьэуным къалэ хуащІын щхьэкІэ, ахэр хьэлъэу лэжьэну къарукІэ хагъэзыхьырт. ИтІанэми израиль лъэпкъыр нэхъыбэж хъут. Зэман гуэр дэкІа иужькІэ, израиль лъэпкъыр нэхъыбэ зэрыхъум щхьэкІэ, нэхъ лъэщ хъунущ жаІэри, мысырхэм шынэн щІадзащ.

ПщІэрэ фирхьэуным сыт ищІами? Израиль фызхэр зыгъалъхуэ цІыхубзхэм яжриІащ: «Фэ фыукІын хуейщ щІалэ цІыкІу къалъхухэр псори»,— жиІэри. Ауэ ахэр цІыхубзыфІти сабийхэр яукІыну хуеякъым.

ИтІанэ фирхьэуным и цІыху псоми жриІащ: «Израиль лъэпкъым щыщу щІалэ цІынэ цІыкІухэр къэвгъуэтурэ фыукІ. Хъыджэбз цІыкІухэращ псэууэ къэвгъэнэнур»,— жиІэри. ГущІэгъу зыхэмылъ унафэтэкъэ ар? ИІэт, къэтщІэнти къалъхуагъащІэу зы щІалэ цІыкІу къызэрырагъэлар дауэми.