Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

29-НЭ ХЪЫБАР

Мусэ щІыщІэпхъуэжам и щхьэусыгъуэр

Мусэ щІыщІэпхъуэжам и щхьэусыгъуэр

ЕПЛЪЫТ, Мысырым икІыжыну Мусэ щІэпхъуэжащ. Плъагъурэ абы кІэлъыщІэпхъуахэр? Сыт абыхэм Мусэ яукІыну щІыхэтыр? ИІэт, къэтщІэнти.

Мысырым и тепщэ фирхьэуным и унэм Мусэ къыщыхъуащ. Ар цІыху Іущ, цІэрыІуэ хъуащ. Зэрымымысырыр, и адэ — анэ дыдэр израиль пщылІхэм зэрыщыщыр ищІэт абы.

Зэгуэрым, илъэс плІыщІ хъууэ, Мусэ игу ирилъхьащ и лъэпкъыр зэрыпсэум кІуэуэ еплъыну. Абы къилъэгъуащ а лъэпкъым бэлыхьу ирагъэшэчыр. Мысыр гуэрым израиль пщылІыр Іейуэ иукІт. Зиплъыхьри зыми зэримылъагъур щилъагъум, Мусэ абы еуэри иукІащ, пшахъуэми щІитІэжащ.

ЕтІуанэ махуэм Мусэ аргуэру кІуащ и лъэпкъэгъухэм деж плъэну. Абы и гугъэт пщылІыпІэм къришыжыну зыгуэркІэ абыхэм ядэІэпыкъуфыну. Ауэ асыхьэтым абы къилъэгъуащ израиль лъэпкъым щыщитІ зэзауэу. ИтІанэ къуаншэм зыхуигъазэри жриІащ: «Сыт уи къуэшыр щІэбукІыр?»

Абы цІыхухъум къыпидзыжащ: «Хэт уэ ди унафэщІ узыщІар, ди Іуэхур зэбгъэзэхуэну хуит узыщІар хэт? Мысырым хуэдэу сыбукІыну ухуэмейуэ пІэрэ?»

Мусэ зэуэ къэшынащ. Абы къыгурыІуащ мысырым ирищІар цІыхухэм къызэращІар. Фирхьэунми ар зэхихыжри цІыху гуэрхэр кІэлъигъэкІуащ, Мусэ иригъэукІыну. Аращ Мусэ щІэпхъуэжын хуей щІэхъуар.

Мысырым къикІри, Мадиам щІыналъэ жыжьэм Мусэ кІуащ. Абы Иофор и унагъуэр щызэригъэцІыхури и пхъухэм щыщу СепфорэкІэ зэджэр къишащ. Мусэ Иофор и мэлыхъуэ хъуащ. Ар Мадиам щІыналъэм илъэс плІыщІкІэ щыпсэуащ. Иджы ар илъэс пщІей хъут. Зэгуэрым, Мусэ Иофор и мэлхэр здигъэхъум, абы и гъащІэ псом зезыгъэхъуэжа зы Іуэхугъуэ хьэлэмэт гуэр къэхъуащ. Зы напэкІуэцІ зэгъэзэкІи, уэ къэпщІэнущ ар сыт хуэдэ Іуэхугъуэми.