Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЕЩАНЭ ІЫХЬЭ

Мысырым къыщикІыжам щыщІэдзауэ Израилым и япэ пащтыхьым нэсыху

Мысырым къыщикІыжам щыщІэдзауэ Израилым и япэ пащтыхьым нэсыху

Мысырым пщылІыпІэ къыщришыжам, Алыхьым и унафэхэр къащрита Синай бгым деж Мусэ израиль лъэпкъыр къишащ. Абы иужькІэ Мусэ цІыху пщыкІутІ игъэкІуащ Ханаан щІыналъэм игъэплъэну. Къагъэзэжа иужь, цІыхуипщІым а щІыналъэм теухуауэ зыри фІы жаІакъым. Абы щхьэкІэ Мысырым ягъэзэжыну цІыхухэр хуеящ. Алыхьым абыхэм тезыр ятрилъхьащ, фІэщхъуныгъэ зэрамыІам щхьэкІэ. Абы щхьэкІэ илъэс плІыщІкІэ губгъуэ нэщІым адэкІэ-мыдэкІэ кІуэуэ ахэр итащ.

ИкІэм-икІэжым израиль лъэпкъыр Ханаан щІыналъэм изышэн хуей Исус Навин Алыхьым къыхех. А щІыналъэр абыхэм яритын щхьэкІэ, Иеговэ телъыджэ гуэрхэр ещІэ. Абы Иордан псыр къегъэувыІэ, Иерихон и блынхэр зэтрегъэщахэ, махуэ псокІэ дыгъэр къегъэувыІэ. Илъэсих дэкІа нэужь, икІэм–икІэжым Ханаан щІыналъэр абыхэм къазэу.

Исус Навин деж щыщІэдзауэ илъэс 356-м и кІуэцІкІэ израиль лъэпкъым хеящІэхэр я унафэщІу щытщ. Абыхэм щыщу зыкъом зэдгъэцІыхунущ: Варак, Гедеон, Иеффэ, Самсон, Самуил сымэ. Апхуэдэуи цІыхубзхэу Раав, Деворэ, Иаиль, Руфь, Ноеминь, Далидэ сымэ теухуауэ къэтщІэнущ. Псори зэгъусэу ЕЩАНЭ Іыхьэм тхыдэм щыщу къызэщІиубыдэр илъэс 396-рэ мэхъу.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

34 ХЪЫБАР

ШхыныгъуэщІэ

Алыхьым къыбгъэдэкІыу шхыныгъуэ хьэлэмэт уафэм къох.

35 ХЪЫБАР

Иеговэ и законхэр къарет

УнафипщІым нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ законитІыр сыт хуэдэ?

36 ХЪЫБАР

Дыщэм къыхэщІыкІа танэ

Щхьэ цІыхухэм тхьэгъухэм къыхэгъэжыкІа тхьэ напэм щхьэщэ хуащІрэ?

37 ХЪЫБАР

Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтыр

Нэхъ пэш пхыдзам зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр щІэтт.

38 ХЪЫБАР

ТІасхъэщІэх пщыкІутІыр

ТасхъэщІэххэм ящыщ цІыхуипщІым жаІэр зыщ, адрей тІум жаІэр нэгъуэщІщ. Хэт жиІэра израилхэм я фІэщ хъур?

39 ХЪЫБАР

Хьэрун и баш къэгъэгъар

Дауэ баш гъуам зы жэщым удз гъэгъарэ пхъэщхьэмыщхьэрэ къызэрыпыкІэнур?

40 ХЪЫБАР

Мусэ бгым тоуІуэ

Мусэ бгым псы къыщІигъэжа щхьэкІэ, Иеговэ и ней игъуэтащ.

41 ХЪЫБАР

Гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэ

Иеговэ щхъухь зыхэлъ блэхэр щхьэ израилхэм яхуигъэкІуа?

42 ХЪЫБАР

Шыд псэлъэф

Валаам имылъагъур и шыдым илъэгъуащ.

43 ХЪЫБАР

Иисус Навин цІыху пашэ мэхъу

Мусэ иджыри и къару илъыгъуэмэ, щхьэ абы и пІэкІэ Иисус Навин пашэ хъурэ?

44 ХЪЫБАР

Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу

Дауэ Раав цІыхухъуитІым зэрыдэІэпыкъур икІи сыткІэ ар абыхэм елъэІуа?

45 ХЪЫБАР

Иордан псым зэрызэпрыкІар

Дин пашэхэр псым зэрыхыхьэу, телъыджэ къохъу.

46 ХЪЫБАР

Иерихон и блынхэр

КІапсэм дауэ унэр къэмыуэу къызэригъэнэнур?

47 ХЪЫБАР

Израилым дыгъу къахэкІащ

Зы цІыху закъуэм и Іейр лъэпкъ псом екІыфыну?

48 ХЪЫБАР

Гаваон щыщ цІыху Іущхэр

Иисус Навинрэ израил цІыхухэмрэ я псалъэр яІыгъыжащ, гаваон щыщхэм ахэр къызэрагъэпцІам емылъытауэ.

49 ХЪЫБАР

Дыгъэр къоувыІэр

Иеговэ Иисус Навин щхьэкІэ ищІа Іуэхугъуэр абы ипи абы иужьи зэи абы фІэкІа ищІакъым.

50 ХЪЫБАР

ЦІыхубз хахуитІ

Израилым и дзэр зэуэну зышэр Варакмэ, щІыхьыр Иаиль къыщІылъысыр сыт?

51 ХЪЫБАР

Руфрэ Ноеминрэ

Руфь къызыхэкІа и лъэпкъыр къигъэнащ, Ноеминь и гъусэу къанэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ.

52 ХЪЫБАР

Гедеонрэ абы и зауэлІ 300-рэ

Зауэм кІуэну зауэлІэхэр Алыхьым Іэмал гъэщІэгъуэнкІэ къыхех.

53 ХЪЫБАР

Иеффэ ита псалъэр

Иеффэ Иеговэ ирита псалъэр езым имызакъуэу, и пхъуми лъоІэс.

54 ХЪЫБАР

ЦІыху нэхъ къарууфІэ дыдэр

Далидэ Самсон и къарум и щэхупІэр дауэ къызэрищІар?

55 ХЪЫБАР

ЩІалэ цІыкІум Алыхьым къулыкъу хуещІэ

Иеговэ Самуел цІыкІу къыжреІэ Илясрэ абы и къуэхэмрэ тезыр зэрытрилъхьэнур.