Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

38-НЭ ХЪЫБАР

ТІасхъэщІэх пщыкІутІыр

ТІасхъэщІэх пщыкІутІыр

ЕПЛЪЫТ мы цІыхухъухэм къахьа пхъэщхьэмыщхьэхэм. Сыту жызум Іэрамэшхуэ мыр! ЦІыхухъуитІым бжэгъум фІэлъу ар къахуэхьауэращ. Еплъыт, итІанэ, инжырымрэ гранатымрэ. Дэнэ мы пхъэщхьэмыщхьэфІ дыдэхэр къыздырахар? Ханаан щІыналъэм. КъэщІэжыт, Ханааныр зэгуэр Ибрахьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ щыпсэуа щІыналъэращ. Абы гъаблэ къыщыхъуам щыгъуэ Екъуб и унагъуэр и гъусэу Мысырым Іэпхъуэжауэ щытащ. Иджы, илъэс 216-м нэс дэкІа нэужь, Мусэ израиль цІыхухэр Ханаан ешэж. Ахэр Кадес зи цІэ губгъуэ нэщІым нос.

Ханааным щыпсэухэр цІыху Іейщ. Абы къыхэкІкІэ Мусэ абы игъакІуэ тІасхъэщІэх пщыкІутІым яжреІэ: «ЦІыху дапщэ щыпсэуми, я къарур здынэсри къафщІэ. ЩІыр къэкІыгъэхэм я дежкІэ фІыуэ щытми къафщІэ, икІи Іэмал имыІэу пхъэщхьэмыщхьэ гуэр къыздэфхь»,— жеІэри.

ТІасхъэщІэххэм Кадес къагъэзэжа иужь, Мусэ жраІэж: «Пэж дыдэу телъыджащэщ а щІыналъэр»,— жаІэри. ЖаІам и щыхьэту абыхэм пхъэщхьэмыщхьэ гуэрхэр ирагъэлъагъу. Ауэ абыхэм щыщу пщІыр мэтхьэусыхэ: «Абы щыпсэу цІыхухэр инщ, итІанэ къарущ. А щІыр дэ къэдубыдыну иужь дихьэмэ, абыхэм дакъелынукъым»,— жаІэри.

А псалъэхэм егъэгужьей израиль цІыхухэр. «Мысырым дыщылІам нэхъыфІт, щымыхъужыххэм, мы губгъуэ нэщІым. Иджы зауэм дыхэкІуэдэнурэ ди фызхэмрэ ди бынхэмрэ пщылІу къащтэнущ,— мэтхьэусыхэ ахэр. ИІэ, Мусэ и пІэкІэ нэгъуэщІ пашэу хэдвгъэхи Мысырым дывгъэгъэзэж!»

Ауэ тІасхъэщІэххэм ящыщ цІыхуитІыр Иеговэ щогугъ. Ахэр хэтщ цІыхухэр ягъэсабырыжыну. Абыхэм я цІэр Исус Навинрэ, Халеврэщ. Абыхэм цІыхухэм я гур фІы ящІыж: «Фымышынэ, Иеговэ ди гъусэщ. Тыншу а щІыр къэдубыдыфынущ». Ауэ цІыхухэм зэхамыхым хуэдэщ. Исус Навини Халеви яукІыну хэтщ.

Иеговэ Іейуэ къэгубжьауэ Мусэ жреІэ: «Зы цІыху, илъэс тІощІым щыщІэдзауэ, нэхъыжьыІуэхэри хэту, Ханаан щІыналъэм ихьэнукъым. Абыхэм ялъэгъуащ Мысырми губгъуэ нэщІми щысщІа телъыджэхэр, итІанэми дзыхь къысхуащІкъым. Абы щхьэкІэ абыхэм ящыщу псори лІэху ахэр гъуэщауэ губгъуэ нэщІым изгъэтынущ илъэс плІыщІкІэ. Исус Навинрэ Халеврэ фІэкІа Ханааным ихьэнукъым».