Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

40-НЭ ХЪЫБАР

Мусэ бгым тоуІуэ

Мусэ бгым тоуІуэ

ДОКІ илъэсипщІ, илъэс тІощІ, илъэс щэщІ, илъэс щэщІрэ бгъурэ! ИтІанэми израиль лъэпкъыр зэрыгъуэщауэ губгъуэ нэщІым итщ. Ауэ а зэманым и кІуэцкІэ Иеговэ и лъэпкъыр зыхуей хуигъэныкъуэкъым. Ахэр мэннкІэ егъашхэ. Махуэм ахэр здэкІуэнур ярегъэлъагъу пкъом хуэдэу щыт пшэ гуэрэнкІэ, жэщым — пкъом хуэдэу щыт мафІэ гуэрэнкІэ. Апхуэдиз илъэсым къриубыдэу абыхэм я щыгъ щыгъыныр лажьэкъым, я лъакъуэхэри вакъэм къигъэузкъым.

Иджы мис, Мысырым къызэрикІыжрэ илъэс плІыщІым зы мазэкІэ хэІэбащ. Израиль цІыхухэр аргуэрым Кадес къыщызэтеувыІащ. Ар илъэс плІыщІ ипэкІэ тІасхъэщІэх 12-р Ханааным кІуэну здикІа щІыпІэращ. Кадес щІыпІэм Мусэ и шыпхъу Мэрям щылІащ. Аргуэру мыбдеж насыпыншагъэ къыщохъу.

ЦІыхухэм псы ягъуэткъыми Мусэ хуотхьэусыхэ: «ДылІэрэ дызэгъэжам нэхъыфІт. Мысырым дыкъипшыжу сыт дыкъыщІэпшар мы зыри къыщымыкІ щІыпІэ Іей дыдэм? Инжыри, жызуми, гранати, зы хьэдзи къыщыкІкъым мыбы. Дызэфэн псы къудей щыІэкъым».

Мусэрэ Хьэрунрэ Алыхьым елъэІуну шэтырым къыщыкІуам, Иеговэ Мусэ къыжреІэ: «ЦІыху псори зэхуэшэси псоми ялъагъуу бгы къырым зыхуэгъази епсалъэ. ИтІанэ, псоми, цІыхухэми псэущхьэхэми, ярикъун псы абы къыщІэжынущ».

Мусэ цІыхухэр зэхуешэсри яжреІэ: «Фэ, Алыхьым дзыхь хуэзымыщІхэр, фыкъэдаІуэ! Сэрэ Хьэрунрэ мы бгым псы къыщІэзымыгъэжыфынур?» Абы иужькІэ бгым и башымкІэ тІэуней теуІуэри псы уэрым ар къызэгуитхъащ. Псыр цІыхухэми псэущхьэхэми ярикъуащ.

Ауэ Иеговэ Мусэрэ Хьэрунрэ къагъэгубжьащ. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми? Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Мусэрэ Хьэрунрэ жаІащ езыхэрауэ бгым псыр къыщІэзыгъэжынур. Пэжу ар къыщІэзыгъэжар Иеговэщ. Мусэрэ Хьэрунрэ пэжыр зэрыжамыІам щхьэкІэ, Иеговэ абыхэм тезыр зэрытрилъхьэнур яжриІащ. «Си лъэпкъыр Ханааным ивэзгъэшэнукъым» — жиІэри.

Куэд дэмыкІыу израилыр Кадес къикІри Ор зи цІэ бгым деж къэкІуащ. А бгыщхьэм Хьэрун щылІащ. Ар илъэс 123-рэ хъут. ЦІыхухэм Іейуэ ягу щІыхьащ ар зэрылІар. Махуэ щэщІкІэ Хьэрун абыхэм ягъеящ. Абы иужькІэ израилым и дин пашэ нэхъыщхьэ хъуащ и къуэ Елеазэр.