Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

43-НЭ ХЪЫБАР

Иисус Навин цІыху пашэ мэхъу

Иисус Навин цІыху пашэ мэхъу

ИЗРАИЛЬ цІыхухэм я гъусэу Ханаан щІыналъэм ихьэну Мусэ хуейти Иеговэ йолъэІу: «Иеговэ, Иордан псым сызэпырыбгъэкІыу Ханаан щІыналъэ дахэр сыбгъэлъагъуну сынолъэІу». Ауэ Иеговэ жеІэ: «Хъунщ иджы! АфІэкІ абыкІэ укъызэмылъэІу!» ПщІэрэ Иеговэ апхуэдэу щІыжиІар сытми?

КъэщІэжыт Мусэ бгы къырым щытеуІуам щыгъуэ абырэ Хьэрунрэ Иеговэ и цІэр зэрамыгъэлъэпІар. Абыхэм цІыхухэм жраІакъым къырым псыр къыщІэзыгъэжар зэры-Иеговэр. Мис апщыгъуэм Иеговэ абыхэм яжриІащ ахэр Ханаан щІыналъэм зэрыримыгъэхьэнур.

Мис иджы, Хьэрун зэрылІэрэ мазэ бжыгъэ дэкІауэ Иеговэ Мусэ жриІащ: «Исус Навин къащти дин пашэ Елеазэррэ цІыхубэмрэ я пащхьэ къигъэуви псоми яжеІэ иджы псоми я пашэу щытынур зэры-Исусыр». Еплъыт мы сурэтым: Мусэ Иеговэ зэрыжиІа дыдэм хуэдэу ещІ.

ИтІанэ Иеговэ Исус зыкъыхуегъазэри жреІэ: «Зыгъэбыдэ умышынэу. Уэ ипшэнущ израиль лъэпкъыр къызэрызгъэгугъа Ханаан щІыналъэм, сэри уэ срыуигъусэнущ».

Абы иужькІэ Иеговэ Мусэ йолъэІу маовит щІыналъэм ит Нево бгым дэкІуейну. А бгыщхьэм тету Мусэ елъагъу Иордан псым адэкІэ къыщылъ Ханаан щІыналъэ дахащэр. Иеговэ жеІэ: «Мес Ибрахьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я быныжхэр къызэрызгъэгугъа щІыналъэр. Уэ ар плъэгъуащ, ауэ абы уэ уихьэнукъым».

А Нево бгыщхьэм Мусэ щылІащ. Ар илъэсищэрэ тІощІрэ хъут. ИтІанэми ар Іэчлъэчт икІи и нэр жант. Мусэ зэрылІар цІыхухэм Іейуэ я жагъуэ хъуащ икІи ягъеящ. Ауэ мэгуфІэ иджы Исус Навин пашэщІэу зэраІэм щхьэкІэ.