Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

50-НЭ ХЪЫБАР

ЦІыхубз хахуитІ

ЦІыхубз хахуитІ

ИЗРАИЛЬ цІыхухэр гузэвэгъуэ хэхуа нэужь, Иеговэ хуопыхьэ. Я тхьэлъэІухэм и жэуапу Иеговэ абыхэм я дэІэпыкъуну къарет цІыху пашэ хахуэхэр. Библиер абыхэм хеящІэкІэ йоджэ. Япэрей хеящІэр Исус Навинт. Абы иужькІэ хеящІэу щытахэщ Гофониил, Аод, Самегар сымэ. Ауэ Израилым я дэІэпыкъуэгъухэм щыщт цІыхубзитІ — Деворэрэ Иаилрэ.

Деворэ къэхъуныр къыжеІэф. Иеговэ къэхъуныр сытми абы къыжреІэри абы Иеговэ и псалъэхэр цІыхухэм яжреІэжыр. Деворэ абы нэмыщІкІи хеящІэщ. Ар джабэм тет пальмэ щІагъым щІэсщ. ДэІэпыкъуэгъу хуейуэ цІыхухэр абы и деж къуокІуэ.

А зэманым Ханааным и пащтыхь мэхъу Иавин. Абы зауэным хуэщІауэ шыгу щибгъу иІэщ. Абы и дзэр апхуэдизу къарущи израиль куэд абы и унэІут хъун хуей мэхъу. Иавин и дзэм и нэхъыщхьэм зэреджэр Сисарэщ.

Зэгуэрым Деворэ Варак хеящІэр кърегъашэри жреІэ: «Иеговэ жеІэ: «ЦІыху 10 000 къащти ахэр уи гъусэу Фовор бгыщхьэм дэкІуей. Сэ абдеж Сисарэ къэсшэнурэ и дзэмрэ езмырэ уащытезгъэкІуэнущ»».

Варак Деворэ жреІэ: «Уэ унакІуэу щытмэ, сынэкІуэнущ»,— жеІэри. Деворэ макІуэ абы и гъусэу, ауэ къэхъуныр абы Варак жреІэ: «Уэракъым текІуэныгъэмкІэ фІыщІэр къэзыхьынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ Сисарэ зыІэщІигъэкІуэдэнур цІыхубзщ». ЗэрыжиІам хуэдэ дыдэуи мэхъу.

Сисарэ и дзэм хуиунэтІауэ Варак Фовор бгым къыщежэхым щыгъуэ, Иеговэ напІэзыпІэм псыдзэ къегъакІуэри биидзэм щыщ куэд щІрегъэлъафэ. Ауэ Сисарэ шыгум къопкІэри щІопхъуэж.

Зэман гуэр дэкІа нэужь, Сисарэ Иаиль и шатырым деж къокІуэ. Иаиль ар шэтырым къыщІешэри шэ ирегъафэ. Шэ зэфам абы и жеин къегъакІуэри быдэу егъэжей. Арати, Иаиль шэтырыр зэрыхэтІа пхъэ папцІэр къещтэри а цІыху Іейм и щхьэм хехуэ. ИужьыІуэкІэ Варак къыщыкІуам Иаиль абы ирегъэлъагъу Сисарэ и хьэдэр! Плъагъурэ Деворэ жиІар къызэрыхъуар.

ИкІэм–икІэжым пащтыхь Иавини апхэдэу яукІри, зэман гуэркІэ израилхэр шынагъуэншэу мэпсэу.