Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЕПЛІАНЭ ІЫХЬЭ

Израилым и япэ пащтыхьыгъуэм щыщІэдзауэ вавилон пщылІыпІэм нэс

Израилым и япэ пащтыхьыгъуэм щыщІэдзауэ вавилон пщылІыпІэм нэс

Израилым япэу и пащтыхь мэхъу ТэлутІ. Ауэ Иеговэ ар имыдэжу Даут къыхех. Даут теухуауэ куэд къэтщІэнущ. Ар иджыри ныбжьыщІэ цІыкІуу ДжэлутІ иныжьым езэуащ. ИужьыІуэкІэ абы ТэлутІ, пащтыхь фыгъуэнэдым, зыщигъэпщкІуащ. ИтІанэ Авигея, цІыхубз телъыджэм, Даут щихъумащ емыгупсысауэ ищІэну зыхуея Іуэхугъуэм.

ИтІанэ дэ куэд къэтщІэнущ Даут и къуэ Сэлмэн теухуауэ, и адэм иужькІэ пащтыхьыгъуэр зыубыдам. Израилым и япэрей пащтыхьищым пащтыхьыгъуэр щхьэж илъэс 40–кІэ иІыгъащ. Сэлмэн лІа нэужь, Израилыр пащтыхьыгъуитІу: ипщэрэ ищхъэрэу ягуэшащ.

Ищхъэрэ лъэпкъипщІым я пэщтыхьыгъуэр илъэс 257–кІэ зэфІэтри ассирие лъэпкъым ар игъэщэщэжащ. ИтІанэ илъэси 133–рэ дэкІа нэужь, лъэпкъитІ хъу пащтыхьыгъуэри щэщэжри, израилхэр Вовилон пщылІыпІэ яшащ. Аращи, ЕПЛІАНЭ Іыхьэм ди нэгу щыщІэкІынущ тхыдэм щыщу илъэс 510–м къриубыдэу дызыгъэпІейтеин Іуэхугъуэ куэд.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

56 ХЪЫБАР

ТэлутІ Израилым и япэ пащтыхьщ

Алыхьым япэщІыкІэ пащтыхьу хихыу, иужькІэ пащтыхьыгъуэр зиІэщІихыжа ТэлутІ и щапхъэм дэ дерс куэд хэтхыфынущ.

57 ХЪЫБАР

Алыхьым Даут къыхех

Алыхьым Даут сыт хилъэгъуар?

58 ХЪЫБАР

Даутрэ ДжэлутІрэ

Даут ДжэлутІ езэуэну щыкІуэм щыгъуэ, мывэдзым нэмыщІ, иджыри зы Іэщэ лъэщ ІэщІэлъащ.

59 ХЪЫБАР

Даут щІыщІэпхъуэжын хуей хъуар

ЯпэщІыкІэ ТэлутІ Даутыр игу ирихьу щытащ, ауэ иужькІэ абы ефыгъуэу щІидзащ. Сыт щхьэкІэ?

60 ХЪЫБАР

Авигеерэ Даутрэ

Авигея и лІым щхьэкІэ акъыл кІэщІ жиІэри ямыукІыу къригъэлащ, ауэ Навал куэдрэ псэуакъым.

61 ХЪЫБАР

Даут пащтыхь мэхъу

Даут пащтыхь хъуну зэрыхуэфащэр къегъэлъагъуэ и ІуэхущІафэхэм: ищІапхъэр ещІэ, имыщІапхъэр ищІэркъым.

62 ХЪЫБАР

Даут и унэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэр

Зы щыуагъэ закъуэ ІэщІэкІам и ягъэкІэ абы и щхьэри и унагъуэри бэлыхь хэхуащ. А бэлыхьым ахэр илъэс куэдкІэ хэтащ.

63 ХЪЫБАР

Пащтыхь Іущ Сэлмэн

Сэлмэн, пэж дыдэу, сабийр тІууэ зэгуиупщІыкІынут?

64 ХЪЫБАР

Сэлмэн Алыхьым унэшхуэр хуещІ

Сэлмэн цІыху Іущу щытами, къагъэделэфащ, гъуэгу пэжми трашыфащ.

65 ХЪЫБАР

Пащтыхьыгъуэр гуэшащ

Иеровоам тепщэн щІидза къудейуэ арат, абы лъэпкъыр Алыхьым и унафэм ебэкъуэну щыхуигъэушам.

66 ХЪЫБАР

Пащтыхьым и фыз бзаджэ Езавел

Езавел зыхуейр зыІэригъэхьэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ уаси щІитыну хьэзырт.

67 ХЪЫБАР

Иосафат Иеговэ щогугъ

Зауэ кІуэ дзэм ипэ иту щхьэ Іэщэ зымыІыгъ уэрэджыІакІуэхэр кІуэрэ?

68 ХЪЫБАР

ЩІалэ цІыкІуитІыр къызэрыхъужар

ЦІыху лІар къэпсэужыфыну пІэрэ? Апхуэдэ къэхъуакІэщ!

69 ХЪЫБАР

Хъыджэбз цІыкІур цІыхухъу цІэрыІуэм зэрыдэІэпыкъуар

Ар тегушхуэри, Иеговэ теухуауэ адрейхэм яжриІащ, икІи абы телъыджэ къыпэкІуащ.

70 ХЪЫБАР

Инусрэ бдзэжьей инымрэ

Инус дерс хихащ: Иеговэ къалэн къыуитыр гъэзэщІэн хуейщ.

71 ХЪЫБАР

Алыхьым дыкъегъэгугъэ жэнэткІэ

Япэ дыдэу щыІа жэнэтыр интэкъым; къэкІуэну жэнэтыр щІылъэ псом щыІэнущ.

72 ХЪЫБАР

Алыхьыр доІэпыкъу пащтыхь Езекие

МелыІычым зы жэщым Ассирием и зауэлІу 185 000 зэтреукІэ.

73 ХЪЫБАР

Израилым и иужьрей пащтыхьыфІыр

Иосия иджыри ныбжьыщІэу лІыхъужьагъ игъэлъэгъуащ.

74 ХЪЫБАР

Шынэ зымыщІэ цІыху

Иеремие бегъымбар хъуну зыфІэщІалэІуэщ, ауэ Алыхьым ещІэ ар а къалэным зэрыпэлъэщыфынур.

75 ХЪЫБАР

ЩІалэщІиплІыр Вавилоным

Мы ныбжьыщІиплІыр щапІа унагъуэхэм пэжыжьэу щытми, ахэр Алыхьым пэжу къыхуэнащ.

76 ХЪЫБАР

Иерусалим зэрызэхакъутэр

Израилым и бий Вавилоным къалэр иубыдыну щхьэ Иеговэ хуит ищІа?