Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

56-НЭ ХЪЫБАР

ТэлутІ Израилым и япэ пащтыхьщ

ТэлутІ Израилым и япэ пащтыхьщ

ЕПЛЪЫТ, Самуел мы цІыхухъум и щхьэм дагъэ трекІэ. Апхуэдэу щІащІ хабзэр цІыхур пащтыхьу зэрыхахар къагъэлъэгъуэн щхьэкІэщ. Иеговэ Самуел жреІэ ТэлутІ и щхьэм дагъэ трикІэну. А дагъэр мэІэфІ зиІэ дагъэ къызэрымыгуэкІщ.

ТэлутІ зыхуигъэфащэкъым пащтыхьу щытыну. «Сэ Израилым и лъэпкъ нэхъ цІыкІу дыдэращ, Вениамин и лъэпкъращ, сыкъызыхэкІар,— жреІэ абы Самуел.— Сэ пащтыхь сыхъуну сыт щІыжыпІэр?» ТэлутІ хэлъу Иеговэ игу ирихьыр зыкъызэрыфІэмыщІыжаращ. Аращ Иеговэ ар пащтыхьу щІыхихар.

Пэжыр жыпІэмэ, ТэлутІ апхуэдэ дыдэуи тхьэмыщкІэкъым, мыхьэнэшхуи имыІэу щыткъым. Ар къызыхэкІар унагъуэ къулейщ, езыри дахэ дыдэщ, лъагэшхуэщ. Ар израиль цІыху псоми нэхърэ сантиметр 30 хуэдизкІэ нэхъ лъагэщ! Апхуэдэуи жэрщ икІи къаруушхуэ хэлъщ. ЦІыхухэр мэгуфІэ Иеговэ ТэлутІ пащтыхьу къызэрыхихам щхьэкІэ. Псори гуфІэжу мэкІий: «ИугъащІэ ди пащтыхьым!»

Израилым и бийхэр сыт щыгъуи хуэдэу къарущ. Абыхэм Израилым япэм хуэдэу иджыри гузэвэгъуэ куэд ирагъэшэч. ТэлутІ пащтыхь хъуа нэужь, куэд дэмыкІыу абыхэм аммонитян лъэпкъыр къатоуэ. ТэлутІи дзэшхуэ зэхуешэсри абыхэм ятокІуэ. Абы щхьэкІэ цІыхухэр щогуфІыкІ ТэлутІ пащтыхьу зэрыхахам.

А илъэсхэм ТэлутІ я пашэу Израилым текІуэныгъэ куэд къехь. ТэлутІ къуэ хахуэ иІэщ, ИонафанкІэ еджэу. Ионафани и фІыщІэкІэ Израилым текІуэныгъэ куэд къехь. Филистимлянхэр израиль лъэпкъым иджыри къэс и бий бзаджэщ. Зэгуэрым филистимлян лъэпкъым щыщу цІыху мин зыбжанэ къокІуэ Израилым къезэуэну.

Иеговэ тыхьу къурмэн къыхуихьу къэкІуэжыху, Самуел ТэлутІ жреІэ къежьэну. Ауэ Самуел куэдрэ къэсыжкъым. Филистимлянхэм зауэм щІадзэнкІэ мэшынэри ТэлутІ езым къурмэныр къехь. ИкІэм–икІэжым Самуел къэкІуэжа нэужь, ТэлутІ зэрымыдэІуар къыщІегъэщ. «Иеговэ Израилым нэгъуэщІ и пащтыхьу хихынущ»,— жреІэ абы.

ИужьыІуэкІи ТэлутІ аргуэрым жаІэм едаІуэкъым. Абы щхьэкІэ ТэлутІ абы жреІэ: «Иеговэ мэл нэхъыфІ дыдэр тыхьу къыхуэпхь нэхърэ жиІэм уедаІуэм нэхъыфІщ. Иеговэ жиІэм узэремыдэІуам щхьэкІэ, абы Израилым и пащтыхьу ущигъэтыжынукъым».

Мы щапхъэм дерсыфІ къыхэтхыфынущ. Мыбы дегъэлъагъу Иеговэ сытым дежи узэредэІуэн хуейр. Апхуэдэуи дегъэлъагъу цІыхуфІыу щытар, псалъэм папщІэ ТэлутІ хуэдэу, захъуэжу цІыху Іей зэрыхъуфынур. НтІэ дыхуей дэ Іей дыхъуну?