Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

60-НЭ ХЪЫБАР

Авигеерэ Даутрэ

Авигеерэ Даутрэ

ПЩІЭРЭ, Даут къыхуэкІуэ мы цІыхубз дахэр хэтми? Мыбы зэреджэр Авигеещ. Ар Іейуэ цІыхубз губзыгъэщ, абы Даут ищІэну зыхэта Іуэхугъуэ Іейр иримыгъащІэу къегъэувыІэ. Абы щыгъуазэ зытщІын ипэ, къэтщІэнти Даут къыщыщІар сытми.

ТэлутІ къыІэщІэкІа нэужь, Даут бгъуэнщІагъым зыщегъэпщкІу. Абы и деж бгъуэнщІагъым къокІуэ и къуэшхэмрэ и Іыхьлы гуэрхэмрэ. Псори зэгъусэу абы и деж цІыху щиплІым нэс къуокІуэри а псом я пашэ Даут мэхъу. ИтІанэ Даут моавитянхэм я пащтыхьым деж макІуэри йолъэІу: «КхъыІа, зэкІэ къысщыщІынур сщІэкъыми си адэмрэ си анэмрэ хуит щІы уи деж къэнэну». ИтІанэ Даутрэ и цІыхухэмрэ бгым зыщагъэпщкІу.

Мис иджы Даут Авигея хуозэ. Абы илІ Навалыр щІым телэжьыхьу цІыху къулейщ. Абы иджыри мэлу 3 000–рэ бжэну 1 000–рэ иІэщ. Навал цІыху Іейщ. Абы и фыз Авигея цІыхубз дахэщ икІи Іуэхур тэмэм зэрищІынур ещІэ. Уеблэмэ, зэгуэр и унагъуэри къригъэлауэ щытащ. КъэтщІэнти дауэми.

Даутрэ абы и цІыхухэмрэ Навал фІы хуащІауэ щытат. И мэлхэри хуахъумат. Абы щхьэкІэ зэгуэр Даут Навал и деж егъакІуэ цІыху зыбжанэ, зыгуэркІэ иригъэлъэІуну. Даут и цІыхухэр къыщысым, Навалрэ абы и дэІэпыкъуэгъухэмрэ мэлхэр ящу ІуощІэ. А махуэр махуэшхуэщ, Навали шхыныгъуэ ІэфІ куэди къиІэтащ. Даут и цІыхухэр абы йолъэІу: «ФІы пхуэтщІауэ щытат. Уи мэлхэм зыми демыІусэу дгъэхъуат. Абы щхьэкІэ, кхъыІа, ерыскъы гуэр иджыпсту къыдэт.

— Фэ фхуэдэ цІыхухэм ерыскъы лъэпкъ естынукъым,— жеІэ Навал. Абы ар къэгубжьауэ жеІэ икІи Даути Іей гуэрхэр хужеІэ. А цІыхухэр къэкІуэжу псори Даут жраІэжа нэужь, ар Іейуэ къогубжь. «Къафщтэ фи джатэхэр!» — яжреІэ абы и цІыхухэм. Къащтэри йожьэ Навалрэ и цІыхухэмрэ яукІыну.

Навал жиІа псалъэ Іейхэр зэхэзыха абы и цІыхухэм щыщ гуэрым жреІэж къэхъуар Авигея. Асыхьэтым Авигея ерыскъыгъуэхэр зэрелъхьэ, шыдхэм трелъхьэри гъуэгуанэ тоувэ. Даут къызэрилъагъуу ар шыдым къопсыхри щхьэщэ хуещІри жреІэ: «Зиусхьэн, кхъыІа, си щхьэгъусэ Навал ищІам уемыплъ. Ар акъыл кІэщІщ, акъыл зыпымылъ куэди ещІэ. Мыр си тыгъэщ. КхъыІа, къащтэ мыр, къэхъуари къытхуэгъэгъу».

— УцІыхубз Іущщ уэ. Навал ищІам щхьэкІэ сымыукІыу сыкъэбгъэувыІащ. Умыгузавэу уи унэ кІуэж иджы,— жэуап къетыж Даут. ИужьыІуэкІэ, Навал лІа нэужь, Авигея Даут и фызхэм ящыщ зы мэхъу.