Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

70-НЭ ХЪЫБАР

Инусрэ бдзэжьей инымрэ

Инусрэ бдзэжьей инымрэ

ЕПЛЪЫТ мы псы щІагъым щІэтІысыкІа цІыхухъум. Плъагъурэ ар зыхэхуа шынагъуэр? Бдзэжьейм ишхыным тІэкІунитІэщ иІэжыр! ПщІэрэ мыр хэтми? Мыр Инусщ. ИІэт, къэтщІэнти ар мыпхуэдэ гузэвэгъуэ щІыхэхуар сытми.

Инус Алыхьым и бегъымбарщ. Елисей зэрылІэрэ куэд дэмыкІыу, Иеговэ ар Ниневие къалэшхуэм игъэкІуэну мыпхуэдэу жреІэ: «Іэху Іей куэд ящІэ къалэдэсхэми, сыхуейщ укІуэу ар яжепІэну».

Ауэ Инус кІуэну хуейкъыми Ниневие мыкІуэу нэгъуэщІ щІыпІэ кІуэ кхъухьым йотІысхьэ. Иеговэ Инус зэрыщІэпхъуэжар игу ирихьатэкъыми борэнышхуэ къегъэхъу. АпхуэдизкІэ ар борэнышхуэщи кхъухьыр щІилъэфэным тІэкІунитІэщ иІэжыр. ХыдзэлІхэр апхуэдизкІэ гузавэм зэщІищтащи щхьэж я тхьэм йолъэІу къыдэІэпыкъуну.

ИтІанэ, икІэм–икІэжым Инус абыхэм яжреІэ: «Сэ сызыхуэлажьэр Иеговэщ–мы уафэри щІылъэри къэзыгъэщІа Алыхьырщ. Иджыпсту Иеговэ жиІар сымыгъэзэщІэн щхьэкІэ сыщІэпхъуэжауэ аращ».

— Сыт иджы уэ уэтщІэнур, борэныр увыІэжын щхьэкІэ? — щІоупщІэ хыдзэлІхэр.

— Мо хым сыхэвдзи сабырыжынущ,— жэуапу къаретыж абыхэм Инус. ХыдзэлІхэм ар псым хадзэну хуейкъым, ауэ борэныр нэхъ иныж щыхъум, кхъухьым кърадзри псым хадзэ. Зэрыхадзэу асыхьэтым борэныр мэбэяужыр, хыри мэсабырыжыр.

Псым щІэтІысыкІа нэужь, Инус бдзэжьейшхуэм ирегъэлъэтэх. Ауэ ар лІэкъым. Жэщищ–махуищкІэ ар абы и ныбэм илъщ. Ар Іейуэ хущІогъуэж, Иеговэ едаІуэу Ниневие зэрымыкІуам. Сыт–тІэ иджы ищІэжынур?

Инус Иеговэ къыдэІэпыкъуну йолъэІу. Арати, Иеговэ щІы гъущэм къытехуэу Инус бдзэжьейм къыжьэдрегъэдзыж. Абы иужькІэ ар Ниневие макІуэ. Мы щапхъэм фІы дыдэу дигъэлъагъукъэ–тІэ дэ, Иеговэ жиІэ псори зэрыдгъэзэщІэн хуейр?

Инус и тхылъ