Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

72-НЭ ХЪЫБАР

Алыхьыр доІэпыкъу пащтыхь Езекие

Алыхьыр доІэпыкъу пащтыхь Езекие

МЫ ЦІЫХУХЪУР Иеговэ щІелъэІур сытми пщІэрэ? Сыт къурмэн щІыпІэм и пащхьэ мы письмохэр щІрилъхьар? Мыр Израилым лъэпкъитІ хъу ипщэ пащтыхьыгъуэм и пащтыхь Езекиещ. Мыр гузэвэгъуэшхуэ хэхуащ. Сыт щхьэкІэ?

Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Ассирием и дзэм лъэпкъипщІ хъу ищхъэрэ пащтыхьыгъуэр зэтрикъутащ, а хэкум щыпсэу цІыхухэр Іей дыдэти, Иеговэ ар дигъэхуащ. Иджы мис Ассирием и дзэр къэкІуащ, лъэпкъитІ хъу пащтыхьыгъуэм къезэуэну.

Езекие иджыпсту къыІэрыхьа къудейуэ аращ Ассирием я пащтыхьым къыхуитха письмохэр. Ахэращ Езекие Иеговэ и пащхьэ ирилъхьар. Письмо абы къитхам ар Иеговэ щодыхьэшх, Езекие зитмэ зэрынэхъыфІри къыжреІэ. Аращ Езекие Алыхьым щІелъэІур мыпхуэдэу: «Уа, Иеговэ, сынолъэІу дыкъебгъэлыну Ассирием я дзэм. Дыкъебгъэлмэ, лъэпкъ псоми къащІэнущ уэ фІэкІ Алыхь нэгъуэщІ зэрыщымыІэр». Зэхихыну пІэрэ Езекие жиІар Иеговэ?

Езекие пащтыхьыфІщ. Ар ещхькъым и адэ бзаджэ Ахази, лъэпкъипщІ хъу Израилым и пащтыхьыгъуэм и пащтыхь бзаджэхэми. Иеговэ жиІэр сытым дежи зэригъэзэщІэным ар хэтт. Абы щхьэкІэ и тхьэлъэІур зэриухыу Алыхьым къыбгъэдэкІыу Исай бегъымбарым мыпхуэдэ хъыбар абы къыжреІэ: «Къыдыхьэнукъым Ассирием я пащтыхьыр Иерусалим. Абы и зауэлІхэми щыщу зы цІыхуи къалэм къыбгъэдыхьэнукъым. Зы шабзэ закъуи Иерусалим къыдаутІыпщхьэнукъым».

Еплъыт мы напэкІуэцІым ит сурэтым. ПщІэрэ мы зауэлІ лІахэр хэтми? Мыхэр ассирие зауэлІхэращ. Иеговэ и мелыІычыр игъакІуэри зы жэщым и кІуэцІкІэ абы зауэлІ 185 000 иукІащ. Абы щхьэкІэ Ассирием я пащтыхьыр къатемыуэу егъэзэжри унэм мэкІуэж.

ЛъэпкъитІ хъу пащыхьыгъуэр къолри зэман гуэркІэ цІыхухэм мамырыгъэ яІэу мэпсэу. Ауэ Езекие лІа нэужь, абы и къуэ Манассие пащтыхьыгъуэр еубыд. Манассиерэ абы иужькІэ пащтыхьыгъуэр зыІыгъа абы и къуэ Аммонрэ пащтыхь Іей дыдэхэщ. Абы щхьэкІэ а хэкум из мэхъу аргуэру хабзэншагъэмрэ залымыгъэмрэ. Пащтыхь Аммон и ІуэхутхьэбзащІэхэм яукІыж. Абы и къуэ Иосие лъэпкъитІ хъу пащтыхьыгъуэм и пащтыхь мэхъу.