Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

73-НЭ ХЪЫБАР

Израилым и иужьрей пащтыхьыфІыр

Израилым и иужьрей пащтыхьыфІыр

ИОСИЕ лъэпкъитІ хъу Израилым и пащтыхьыгъуэм и пащтыхь щыхъуам щыгъуэ илъэсийт и ныбжьыр. Ар пащтыхьу щытын щхьэкІэ щІалэІуэщ. ЦІыхухэм я унафэ ищІыфын щхьэкІэ япэ щІыкІэ абы балигъ зыбжанэ къыдоІэпыкъу.

Зэрыпащтыхьрэ илъэсибл дэкІа нэужь, абы Иеговэ къилъыхъуэн щІедзэ. Абы щапхъэ ятрех пащтыхьыфІыу щыта Даут, Иосафат, Езекие сымэ. ЩІалэ дыдэу, Иосие Іуэхугъуэ гуэр ещІэ и хахуагъэр къигъэлъагъуэу.

Куэд щІауэ израиль цІыхухэм я нэхъыбэм Іуэху Іей дыдэхэр ялэжьт. Абыхэм тхьэнэпцІхэр ягъэлъапІэт. Тхьэнапэхэм я пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу иувэт. Арати, Иосиерэ и ІуэхутхьэбзащІэхэмрэ макІуэри тхьэнэпцІ щымыІэжу хэкур зэрыщыту къагъэкъабзэ. Къаруушхуэ трагъэкІуэдэн хуей мэхъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ тхьэнэпцІхэм цІыху куэд хуолажьэ. Мы напэкІуэцІым щыболъагъу Иосие и цІыхухъухэр и гъусэу тхьэнапэхэр зэрикъутэ щІыкІэр.

ИтІанэ Иосие цІыхухъуищ хех Иеговэ и унэшхуэр зэращІыжым кІэлъигъэплъыну . ЦІыхухэм ахъшэ къыхахри унэшхуэм и щІыжыным трагъэкІуэдэну трагъэувахэм ират. А лэжьыгъэхэр щекІуэкІым щыгъуэ дин пашэшхуэ Хелкие Алыхьым и унэшхуэм къыщегъуэтыж мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр. Ар илъэс куэд и пэкІэ Иеговэ Мусэ иригъэтхауэ щыта Иеговэ и унафэхэр зэрыт тхылъырат. Ар куэд щІауэ кІуэдауэ ялъытэт.

А тхылъыр Иосие къыхуахьри макъкІэ къыхуеджэну йолъэІу. Абы щедаІуэм Иосие къыгуроІуэ цІыхухэм Иеговэ и унафэр зэрамыгъэзащІэр. Мы сурэтым зэрыщыплъагъущи, абы ар и гум апхуэдизкІэ щІыхьащи и щыгъыныр зэфІетхъ. ИтІанэ нэщхъей къэхъуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Иеговэ къыттегубжьащ, ди адэжьхэм мы тхылъым итыр зэрамыгъэзэщІам щхьэкІэ».

Арати, абы дин пашэшхуэ Хелкие унафэ хуещІ Иеговэ абыхэм къарищІэну и гугъэр къищІэну. Ар цІыхубз бегъымбар Олдан деж макІуэри Иеговэ и жэуапу мыр къехьри къокІуэж: «Иерусалими, цІыху псоми, тезыр ятеслъхьэнущ, тхьэнэпцІхэм зэрыхуэлажьэм щхьэкІи, Іуэхугъуэ Іейхэр дунейм тез зэращІам щхьэкІи. Ауэ уэ, Иосие, тэмэму узэрыщытым щхьэкІэ уи гъащІэм къриубыдэнукъым ар».