Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

74-НЭ ХЪЫБАР

Шынэ зымыщІэ цІыху

Шынэ зымыщІэ цІыху

ЕПЛЪЫТ мы щІалэм цІыхухэр зэрыщыдыхьэшхым. ПщІэрэ ар хэтми? Иеремиещ. Алыхьым и бегъымбар цІэрыІуэщ.

Пащтыхь Иосие къэралым илъ тхьэнэпцІхэр игъэкІуэдын щІидза нэужь, Иеговэ Иеремие жреІэ бегъымбар зэрищІынур. Ауэ Иеремие зыфІэщІалэІуэщ. Иеговэ къегъэгугъэ абы дэІэпыкъуну.

Иеремие израиль цІыхухэм яжреІэ абыхэм ящІэ Іейр къагъэнэну. «Лъэпкъхэр зыхуэлажьэ тхьэхэр нэпцІщ»,— жеІэр абы. Ауэ Израилым щыщ куэдым нэхъ къащтэ Алыхь пэж Иеговэ хуэлажьэ нэхърэ тхьэнэпцІхэм хуэлажьэмэ. Куэд дэмыкІыу Алыхьым къатрилъхьэну тезырыр зыхуэдэр цІыхухэм щажриІэм, ахэр абы къыщыдыхьэшххэу аращ.

Илъэсхэр макІуэ. Иосие малІэри мазищ дэкІа нэужь, и къуэ Иоаким пащтыхь мэхъу. Иеремие япэм хуэдэу иджыри цІыхухэм яжреІэ: «Зывмыхъуэжу щытмэ, Иерусалим зэхакъутэнущ».— «А жыпІэ псалъэхэм щхьэкІэ уукІыпхъэщ, уэ»,— кІийуэ дин пашэхэм Иеремие къаубыд. ИтІанэ израилым я цІыху пашэхэм жраІэ: «Иеремие укІын хуейщ, ди къалэм хуопсалъэ».

Дауэ зищІыну пІэрэ иджы Иеремие? Абы шынэр зытригъакІуэкъым! Псоми зэхахыу жеІэ: «А псалъэхэр Иеговэ къыбгъэдэкІыущ зэрыжысІар. Зывмыхъуэжу щытмэ, Иеговэ Иерусалим зэхикъутэнущ. Ауэ зэвгъащІэ, сэ сывукІыу щытмэ, фыукІыр лажьэ зимыІэ цІыхущ».

ЦІыху пашэхэм Иеремие псэууэ къагъанэ, ауэ израиль цІыхухэм дауикІ захъуэжкъым. ИужьыІуэкІэ Вавилоным я пащтыхь Навуходоносор къокІуэри Иерусалим къозауэ. ИкІэм–икІэжым абы израиль цІыхухэр и пщылІ ещІ. Израилым щыщ цІыху мин бжыгъэ куэд Вавилон яшэ. Къызыщыгъэхъут, уи унэ урашыу хамэ цІыхухэм умыцІыху къэрал уашэну!