Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

75-НЭ ХЪЫБАР

ЩІалэщІиплІыр Вавилоным

ЩІалэщІиплІыр Вавилоным

ПАЩТЫХЬ Навуходоносор Вавилон ешэ Израилым щыщу нэхъ щІэныгъэ зиІэхэр псори. Здишам къыщыхех абыхэм щыщу нэхъ дахэ, нэхъ губзыгъэ щІалэщІэхэр. Абыхэм щыщу плІыр мыбдеж щыболъагъу. Зым и цІэр Даниилщ, адрей щым Вавилоным щыфІащ Седрах, Мисах, Авденаго.

Навуходоносор щІалэщІэхэр иригъэджэну хуейщ, и пащтыхь унэм къулыкъу щригъэщІэн щхьэкІэ. ИлъэсищкІэ еджа нэужь, абыхэм къахех нэхъ губзыгъэІуэхэр. Ахэр абы зыдигъэІэпыкъунущ Іуэху гугъухэр щызэхигъэкІым деж. Пащтыхьыр хуейщ щІалэщІэхэр еджэху зэІэщІэлъу, узыншэу щытыну. Абы къыхэкІкІэ и унэІутхэм унафэ яхуещІ щІалэщІэхэр пащтыхьымрэ и унагъуэмрэ зэрагъашхэм хуэдэу фІыуэ ягъэшхэну, ирагъэфэну.

Еплъыт, Даниил щІэлэщІэм. ПщІэрэ абы иджыпсту Навуходоносор и унэІут нэхъыщхьэ Асфеназ жриІэр сытми? Пащтыхьым и Іэнэм телъхэм щыщ ишхыну зэрыхуэмейращ. Ауэ Асфеназ мэгузавэ. «Пащтыхьым фэ фшхынымрэ фызэфэнымрэ теухуауэ унафэ ищІащ,— жеІэр абы.— Адрей щІалэщІэхэм хуэдэу фэри узыншэу фыщымытмэ, сиукІынущ».

ИтІанэ Даниил макІуэ Асфеназ зэныбжьэгъуиплІым хъумакІуэу къахуигъэувам деж. МакІуэри хъумакІуэм йолъэІу: «КхъыІэ, дыбгъэунэхуну махуипщІ къыдэт. ХадэхэкІрэ псырэ фІэкІ къыдомыт. ИтІанэ адрей пащтыхьым и Іэнэм тешхыкІ щІалэщІэхэм дегъапщи, зи фэ нэхъыфІыр хэтми плъэгъунщ».

ХъумакІуэр арэзы мэхъу. МахуипщІыр дэкІа нэужь, Даниилрэ и ныбжьэгъуищымрэ адрейхэм нэхърэ нэхъ узыншафэ ятетт. Абы къыхэкІкІэ хъумакІуэм яхуедэ абыхэм адэкІэ хэдэхэкІхэр яшхыну, пащтыхьым и шхыным и пІэкІэ.

Илъэсищ докІри щІэлэщІэхэр псори Навуходоносор къыхуашэ. Псоми зэрызу епсэлъа нэужь, пащтыхьым елъагъу Даниилрэ абы и ныбжьэгъуищымрэ щІэлэщІэхэм псом нэхърэ зэрынэхъгубзыгъэр. Абы къыхэкІкІэ ахэр и деж къегъанэ и дэІэпыкъуэгъу хъуну. Сыт хуэдэ упщІэкІэ е Іуэху гугъукІэ пащтыхьым абыхэм захуимыгъэзами, сыт хуэдэ и дин пашэм е и цІыху Іущым нэхърэ 10–кІэ нэхъыфІу жэуап къатт абыхэм.