Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЕТХУАНЭ ІЫХЬЭ

Вавилон пщылІыпІэм щыщІэдзауэ Иерусалим и блыныр щызэфІагъэувэжам нэсыху

Вавилон пщылІыпІэм щыщІэдзауэ Иерусалим и блыныр щызэфІагъэувэжам нэсыху

Вавилон пщылІыпІэм щыщыІам щыгъуэ израиль цІыхухэм яІа фІэщхъуныгъэр зэкъым зэрагъэунэхуар. Седрах, Мисах, Авденаго сымэ хьэку гъэплъам ирадзэри зыри къащымыщІыу Алыхьым къригъэлащ. Мидианхэмрэ Персхэмрэ Вавилон къазэури зэман дэкІа нэужь, Даниил аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзащ. Апщыгъуэм Алыхьым ар къригъэлащ, аслъэнхэм я жьэр зэтригъапІэри.

ИкІэм-икІэжым израиль цІыхухэр Кир зи цІэ пащтыхьым щхьэхуит ищІыжащ. Абыхэм я хэкур щалъэгъужар илъэс 70 дэкІа нэужьщ. Иерусалим щагъэзэжам, псом япэу абыхэм Иеговэ и унэшхуэр ящІыжын щІадзащ. Ауэ куэд дэмыкІыу бийхэм яхузэфІэкІащ а Іуэхугъуэр къагъэувыІэн. Абы щхьэкІэ Иерусалим зэрагъэзэжрэ илъэс 22 дэкІа нэужьщ унэшхуэр щащІыжыфар.

Иджыри дэ къэтщІэнущ Ездрэ унэшхуэр игъэдэхэн щхьэкІэ Иерусалим къызэрыкІуар. Ар къыщыхъуар унэшхуэр зэраухуэжрэ илъэс 47 дэкІа нэужьщ. Ездрэ зэрыкІуэжрэ илъэс 13 дэкІа нэужь, Неемие ядэІэпыкъуурэ яригъэщІыжащ Иерусалим и блын къутахэр. Псори зэхэплъхьэжмэ, ЕТХУАНЭ Іыхьэм тхыдэм щыщу илъэси 152–рэ къызэщІеубыдэ.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

77 ХЪЫБАР

Сыт ямыщІами ахэр лъэгуажьэмыщхьэу увынукъым

Иеговэ щІалэхэр къригъэлыну пІэрэ?

78 ХЪЫБАР

Блыным Іэм щетх

Псоми яфІэтелъыджэ хъуа псалъиплІым къикІыр бегъымбар Даниил жеІэ.

79 ХЪЫБАР

Даниил аслъэнхэм я гъусэу мащэм

Даниил тезыру лІэныгъэ къытралъхьэ, ауэ ар а Іуэхум къикІыфыну пІэрэ?

80 ХЪЫБАР

Алыхьым и лъэпкъыр Вавилон йокІыж

Персием и пащтыхь Кир Вавилон къызэриубыдамкІэ къэхъун хуей псалъэхэр игъэзэщІащ, ауэ абы нэмыщІ, иджыри къэхъун хуейуэ щыт зы Іуэхугъуэ абы егъэзащІэ.

81 ХЪЫБАР

Щыгугъащ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъуным

Израил лъэпкъыр цІыхухэм я законхэм йобакъуэ, Алыхьым и унафэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ. Алыхьым и нэфІ абыхэм ящыхуэну пІэрэ?

82 ХЪЫБАР

Мардохейрэ Есфиррэ

Пащтыхь Ахашверош и щхьэгъусэ Вашти цІыхубз дахэт, ауэ пащтыхьым ар иригъэкІыжри, абы и пІэкІэ Есфирь къишащ. Сыт абы апхуэдэу щІищІар?

83 ХЪЫБАР

Иерусалим и блынхэр

Блынхэр щызэтралъхьэкІэ ухуаІуэхэм Іэщэхэр хьэзыру яІыгъын хуейщ.