Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

84-НЭ ХЪЫБАР

Мэрем деж мелыІыч къокІуэр

Мэрем деж мелыІыч къокІуэр

МЫ ЦІЫХУБЗ дахэм Мэремщ и цІэр. Ар израиль лъэпкъым щыщщ. Назарет къалэм щопсэу. Алыхьым ещІэр ар зэрыцІыхубзыфІыр. Абы щхьэкІэ иригъэпсэлъэну ДжэбрэІил мелыІычыр къыхуегъакІуэ. Сыту пІэрэ ДжэбрэІил Мэрем жриІэр? ИІэт къэтщІэнти.

— Уи махуэ фІыуэ, Алыхьым и нэфІыр зыщыхуа,— жреІэ мелыІычым Мэрем.— Иеговэ уигъусэщ. — Мэрем мэлыІычыр зэикІ илъэгъуатэкъым. Ар къогузавэ сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы къригъэкІыр къыгурыІуэкъым. Арати, занщІэу ДжэбрэІил ар щІэшынэн зыри зэрыщымыІэр жреІэр.

— Умышынэ, Мэрем,— жеІэр абы,— Иеговэ къыпхуэарэзыщ. Абы щхьэкІэ зы телъыджэ гуэр къыпхуищІэну хуейщ. Куэд дэмыкІыу сабий уиІэнущ. Хьисэ фІэпщынущ абы.

ДжэбрэІил адэкІэ пещэ: «А сабийр цІэрыІуэ хъунущ икІи абы еджэнущ Я нэхъ Иным и къуэкІэ. Даут хуэдэу Иеговэ ари пащтыхь ищІынущ. Ауэ Хьисэ игъащІэкІэ тепщэныгъэр ІэщІэлъынущ, и пащтыхьыгъуэшхуэми кІэ иІэнукъым!»

— Ар дауэ?— егъэщІагъуэ Мэрем,— Сэ иджыри сыхъыджэбздэсщ. ЦІыхухъуи сыдэпсэуакъым,— дауэ сабий сызэриІэнур?

— Алыхьым и къарур къыпхуехынущ,— къыжреІэ абы ДжэбрэІил.— Абы щхьэкІэ сабийм Алыхьым и къуэкІэ еджэнущ. Уи Іыхьлы Елисавет къэщІэжыт,— пещэр абы,— цІыхухэм жаІэт абы сабий имыІэжыну жьы хъуауэ. Ауэ куэд дэмыкІыу къуэ иІэнущ. Плъагъурэ Алыхьым хузэфІэмыкІын зыри щыІэкъым.

Мэрем арэзы мэхъур: «Сэ Иеговэ срипщылІщ! Уэ жыхуэпІа дыдэр къысщрырещІ». ИтІанэ мелыІычыр мэбзэхыж.

Мэрем Елисаветэ деж пІащІэу макІуэ. Елисавет Мэрем и макъыр щызэхихым, абы и ныбэм илъ сабийр гуфІэу долъей. Алыхьым и къэрур къылъэІэсауэ Елисавет гуфІэжу жеІэ: «ЦІыхубз псом щыщу уэ Алыхьым и нэфІыр нэхъ къыпщыхуащ»,— жеІэри. Мэрем Елисавет деж мазищым нэс хьэщІапІэ щоІэри итІанэ унэм мэкІуэж.

Куэд дэмыкІыу Мэрем Исуф зи цІэ цІыхухъум дэкІуэн хуейщ. Ауэ Мэрем зэрыуэндэгъур къищІа нэужь, Исуф ар къишэну хуэмеижу хущІогъуэж. ИтІанэ Алыхьым и мелыІычым абы къыжреІэ: «Умышынэ Мэрем фызу къэпшэну. Абы къуэр къезытар Алыхьыращ». Арати, Мэремрэ Исуфрэ зэрошэри сабийр къалъхуным поплъэ.