Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

86-НЭ ХЪЫБАР

Вагъуэм зэригъакІуэ цІыхухэр

Вагъуэм зэригъакІуэ цІыхухэр

МЫ ЦІЫХУХЭМ ящыщ зым Іэпэ зыхуиший вагъуэ цІуур плъагъурэ? Ар къэхутащ мыхэр Иерусалим къызэрыдэкІыу. Мыхэр къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ къикІащ, вагъуэхэр ядж. Мы вагъуэщІэм зы цІыху лъапІэ гуэрым къызэрыхуишэнур абыхэм ящІэр.

Иерусалим къэса нэужь ахэр щІоупщІэ: «Иудейхэм я пащтыхь хъун хуей сабий цІынэр здэщыІэр дэнэ?» Израиль лъэпкъым нэгъуэщІыу иджыри «иудейкІэ» йоджэр. Абыхэм жаІэр: «КъуэкІыпІэмкІэ дыщыщыІам къэтлъэгъуащ а сабий цІынэм и вагъуэр икІи ар дгъэлъэпІэну дыкъэкІуащ»,— жаІэри.

Ар зэрызэхихыу Иерусалим и пащтыхь Ирод гузэвэн щІедзэ. Ар хуейкъым езым и пІэкІэ нэгъуэщІ пащтыхь хъуну. Абы къыхэкІкІэ дин пашэхэр зэхуешэсри япкъыроупщІыхь: «Дэнэ къыщалъхун хуейр дыкъызэрагъэгугъа пащтыхьыр?» Абыхэм жэуап къат: «Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ Вифлеемщ»,— жаІэри.

ИтІанэ Ирод къуэкІыпІэмкІэ къикІа цІыхухэр къреджэри яжреІэ: «ФыкІуи сабий цІынэр къысхуэвгъуэт. Къэвгъуэта нэужь, хъыбар сывгъащІэ. Сэри сыхуейщ сыкІуэу згъэлъэпІэну». Пэж дыдэу Ирод сабий цІынэр къигъуэтыну щІыхуейр иукІын щхьэкІэщ!

Абы иужькІэ вагъуэм а цІыхухэр Вифлеем къешэри сабий цІынэр здэщыІэ щІыпІэм къыщхьэщоувыІэ. Ахэр щІохьэри Мэремрэ Хьисэ цІыкІурэ къалъагъу. ИтІанэ абыхэм тыгъэхэр къыдахри Хьисэ ират. Абы иужькІэ Иеговэ пщІыхьэпІэ ярегъэлъагъури унафэ абыхэм яхуещІ Ирод деж ямыгъэзэжыну. Арати, абыхэм нэгъуэщІ гъуэгукІэ я хэку ягъэзэж.

КъуэкІыпІэмкІэ къикІа цІыхухэр зэрыкІуэжар Ирод къищІа нэужь, Іейуэ къогубжь. ИкІи унафэ ещІ Вифлеем илъэситІ зи ныбжьу дэс щІалэ цІыкІу псори яукІыну. Арати, Иеговэ пщІыхьэпІэм хэту Исуф ар жреІэри, и унагъуэр и гъусэу Исуф Мысырым щІопхъуэж. ИужьыІуэкІэ Ирод зэрылІар Исуф къищІа нэужь, Мэремрэ Хьисэрэ и гъусэу абы унэм, Назарет къалэ, къегъэзэж. Хьисэ и щІалэгъуэр мыбы щрехьэкІ.

Дауэ уеплърэ уэ, хэт а вагъуэр щІэзыгъэнар? КъэщІэжыт, вагъуэр зэралъагъуу ахэр япэ щІыкІэ Иерусалим кІуащ. ШейтІану Иблисыр хуейт Алыхьым и къуэр иукІыну икІи абы ищІэт Иерусалим и пащтыхь Ирод ар дыдэр ищІэну зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ, жыпІэ хъунущ вагъуэр щІэзыгъэнар ШейтІанырауэ.