Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

93-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ цІыху куэд егъашхэ

Хьисэ цІыху куэд егъашхэ

СЫТУ гуузыІуэ къэхъуар. Мэуэ иджыпступцІэ Псым ЩІэзыгъауэ Иуан яукІащ. Ар илъагъу хъутэкъым пащтыхьым и фыз Иродиадэм. Абы пащтыхьыр хигъэзыхьри Иуан и щхьэр пригъэупщІащ.

Хьисэ ар и гум щІыхьауэ и зэкъуэу здэщыІэну щІыпІэм макІуэр. Ауэ цІыхухэр абы кІэлъокІуэр. ЦІыху гупышхуэр абы щилъагъум Іейщэу фІэгуэныхь мэхъу. Арати, абыхэм яжреІэр Алыхьым и пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр, сымаджэхэри егъэхъуж.

А пщыхьэщхьэм Хьисэ и гъэсэнхэр къыбгъэдохьэри къыжраІэ: «Зэманыр хэкІуэтащ, ди хъуреягъкІи зыри щыпсэукъым. Нэхъ тпэгъунэгъу къуажэм гъакІуи цІыхухэм шхын къахуегъэхь».

— ЗыщІыпІи щІэкІуэн щыІэкъым,— идэкъым Хьисэ.— Фэ вгъашхэ ахэр.

Арати, Филипп зыхуегъазэри йоупщІ: «Дэнэ мы цІыху къомым щхьэкІэ щхын къыщыпщэху хъунур?»

— ТІэкІу нэхъ мыхъуми псоми ялъысын щхьэкІэ, ахъшэ куэд ухуеинущ, — жэуапу къетыж Филипп. «Ди гъуэмылэр зыІыгъ щІалэ цІыкІум щІакхъуитхурэ бдзэжьей цІыкІуитІрэщ иІыгъыр. Мыпхуэдизым ебгъэшхыну ар ирикъунукъым»,— жеІэр Андрей.

— ЦІыхухэр удзыпцІэм хэтІысхьэну яжеІэ,— жеІэр Хьисэ.

Шхыным щхьэкІэ Алыхьым фІыщІэ хуещІри ар Іыхьэ–Іыхьэу зэпещІыкІ. ИтІанэ и гъэсэнхэм цІыхухэм хуагуэшыж щІакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ. Мыбдеж щызэхуэсар мэхъу цІыхухъу минитхурэ цІыхубзрэ сабийрэ зэхэту абы нэхърэ нэхъыбэж. А псори я ныбэ изу машхэр. ЩІакхъуэ къыдэхуэжар Хьисэ и гъэсэнхэм щызэщІакъуэжам матэ 12 хъут!

А псом иужькІэ Хьисэ и псалъэкІэ и гъэсэнхэр кхъуафэжьейм йотІысхьэр, Галилей гуэлым зэпрыкІыну. Жэщым жьышхуэ къопщэри толъкъуныр къигъэукъубейн щІедзэ, кхъуафэжьейри Іейуэ щІеупскІэ. Хьисэ и гъэсэнхэр къошынэ. Арати, напІэзыпІэм, нэху щыным куэд имыІэжу, цІыху гуэр псым тету кърикІуэу къалъагъу абыхэм. Ар зищІысыр ямыщІэу шынауэ зэрогъэкІий ахэр.

«Фымышынэ, сэращ ар!» — егъэсэбырыж ахэр Хьисэ.— Ауэ абыхэм яфІэщ хъукъым. Пётр къопсалъэри жеІэ: «Ар уэрар пэжмэ, Зиусхьэн, мы псым сытету уи деж сынэгъакІуэ». «КъакІуэ»,— жреІэ абы Хьисэ. Арати, Пётр кхъуафэжьейм къокІри псым ирокІуэ. ЗдрикІуэм къошынэжри итхьэлэн щІедзэ, ауэ Хьисэ ар кърегъэл.

ИужьыІуэкІэ Хьисэ аргуэру цІыху мин куэд егъашхэ. Ауэ мы зы гъуэгу щІакхъуиблрэ бдзэжьей тІэкІурэкІэщ зэригъашхэр. Мыпщыгъуэми къайлыжу ерыскъыр ярокъу. ГъэщІэгъуэнкъэ апхуэдизу Хьисэ цІыхухэм зэрелІалІэр? Алыхьым тригъэува пащтыхьу Хьисэ унафэ ищІын щІидза нэужь, дэ дыщІэгузэвэн лъэпкъ щыІэнукъым!