Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

96-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ сымаджэхэр егъэхъуж

Хьисэ сымаджэхэр егъэхъуж

ХЬИСЭ хэкур къызэхикІухьурэ сымаджэхэр игъэхъужт. А телъыджэ ищІэхэм и хъыбар къалэ псоми, къуажэ псоми щыІут. Арати, Хьисэ къыхуашэт ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, дэгухэр, нэгъуэщІ узыфэ Іэджэ къызэузхэри ахэр псори игъэхъужт.

Илъэсищым щІигъуат Иуан псым Хьисэ зэрыщІигъауэ лъандэрэ. Хьисэ и апостолхэм яжреІэр куэд дэмыкІыу Иерусалим кІуэуэ абы зэрыщаукІынур, итІанэ абы иужькІэ къызэрыхъужынур. Ауэ зэкІэ Хьисэ сымаджэхэр егъэхъуж.

Зы щэбэт гуэрым Хьисэ цІыхухэр иригъаджэт. Иудейхэм я дежкІэ щэбэтыр зыгъэпсэхугъуэ махуэу щытт. Мыбдеж щыплъагъу цІыхубзыр Іейуэ сымаджэ хьэлъэт. Илъэс 18 хъуауэ абы къэгъэшауэ, зыхуэмыузэхужу къекІухьыр. Хьисэ и Іэр абы трелъхьэри захуэ ещІыж. Иджы ар узыншэ дыдэщ!

Абы дин пашэхэр къегъэгубжь Іейуэ, пэцыр ирач: «Дылэжьэнумэ, махуих диІэщ дэ,— кІийуэрэ цІыхухэм жреІэ абыхэм щыщ зым.— Зывгъэхъужынумэ, щэбэтым фыкъэмыкІуэу фыкъакІуэ адрей махуэхэм!»

Арати, Хьисэ абыхэм жэуап ярет «Сыту фыцІыху гущІэгъуншэ, фэ. Щэбэтым псоми фи шыдхэр къыкІэрывотІэтыкІри псафэ фошэ. Сыт–тІэ илъэс 18 хъуауэ узым ихь мы цІыхубзыр щэбэтым бгъэхъуж щІэмыхъунур?» Хьисэ ита жэуапым а цІыху бзаджэхэр егъэукІытэ.

Абы иужькІэ Хьисэ и апостолхэр и гъусэу Иерусалим кІуэну йожьэр. Иерихон къызэрыдэкІыу гъуэгу Іуфэм тхьэмыщкІапщІэ хахыу щыс нэфитІым зэхах Хьисэ зэрыблэкІыр. Арати, псоми зэхахыу инышхуэу къолъэІу: «Хьисэ, дыгъэхъуж!» — жаІэри.

Хьисэ ахэр зыбгъэдешэри йоупщІ: «ФхуэсщІэну фызыхуейр сыт?» — жеІэри. «Зиусхьэн, ди нэхэм ялъагъуу тхуэщІыж»,— йолъэІу ахэр Хьисэ. ИтІанэ Хьисэ абыхэм я нэм йоІусэри ялъагъуу мэхъуж. Апхуэдиз Іуэху телъыджэр Хьисэ щІищІэр пщІэрэ сытми? ЦІыхухэр фІыуэ елъагъури аращ. ИкІи хуейщ ар цІыхухэм яфІэщ хъуну. Дэри хьэкъыу ди фІэщ тщІы хъунущ Хьисэ тепщэн щІидза нэужь, щІылъэм щыпсэухэм щыщу зы цІыхуи зэрымысымэджэнур.