Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

98-НЭ ХЪЫБАР

Елеон Іуащхьэм

Елеон Іуащхьэм

МЫР ХЬИСЭ Елеон Іуащхьэм тесу аращ. Бгъэдэсыр и апостолиплІращ. Зэкъуэшхэу Пётррэ Андрейрэ, Екъубрэ Иуанрэщ. Модэ жыжьэу Алыхьым и унэшхуэри щыболъагъу.

Хьисэ шыд–шыщІэм тесу Иерусалим зэрыдыхьэрэ махуитІ дэкІащ. Нобэ гъубжщ. Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щыІакІэщ. Абы ар къыщаубыду яукІыну хэтащ дин пашэхэр. Ауэ ахэр ящышынащ Хьисэ фІыуэ зылъагъу цІыхубэм.

— Фыблэщ икІи фыблэщылъхухэщ! — яхужиІащ дин пашэхэм Хьисэ. Апхуэдэуи Іуэху Іей ящІэхэм щхьэкІи абыхэм Алыхьым тезыр къазэрытрилъхьэнур яжриІащ. Абы иужькІэ Хьисэ Елеон Іуащхьэм дэкІащ. Арати, апостолиплІым абы пкъырыупщІыхьын щІадзащ. ПщІэрэ сыткІэми?

КъэкІуэнумкІэ. Абыхэм ящІэр Хьисэ дунейм Іейуэ телъыр зэрытригъэкІыжынур. Ауэ ар къыщыхъунур дэпщэщми ящІэну хуейщ. Дэпщэщ Хьисэ къигъэзэжу, Пащтыхьу унафэ ищІын щыщІидзэнур?

Хьисэ ещІэр и лъэужь иту щІылъэм щыпсэухэм абы къызэригъэзэжыну щІыкІэр зэрамылъэгъунур. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ар уафэращ здэщыІэнур, абы ар щыплъагъуфынукъым. Абы къыхэкІкІэ ар пащтыхь хъуа нэужь, щІылъэм сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр къыщыхъунуми и апостолхэм яжреІэ. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэу пІэрэ ахэр?

Хьисэ жеІэ зауэшхуэхэр къэхъеину, цІыху куэд сымаджэну, мэжэлІэну, залымыгъэм дэнэкІи зыщиубгъуну, щІыр Іеищэу куэдрэ хъеину. Апхуэдэуи къыжеІэр дуней псом Алыхьым и пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дэнэкІи зэрыщагъэІунур. Къыщыхъурэ ди зэманым а Іуэхугъуэхэр? ДауикІ! Абы щхьэкІэ ди фІэщ тщІы хъунущ Хьисэ уафэм унафэ иджыпсту зэрыщищІыр. Куэд дэмыкІыу мы щІылъэм Іейуэ телъым кІэ иритынущ абы.