Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

100-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ — жыг хадэм

Хьисэ — жыг хадэм

ХЬИСЭ и апостолхэр и гъусэу ищхьэ пэшым къехыжри Гефсимание жыг хадэмкІэ яунэтІащ. Мыбы я щыпэ къакІуэкъым абыхэм. Хьисэ и апостолхэм мыбы ящыжреІэ мыжейуэ тхьэ щелъэІуну. Езыр тІэкІу ІуокІуэтр, щІым зыхеІубэри Алыхьым елъэІун щІедзэ.

Абы иужькІэ и апостолхэм деж къегъэзэж. Дауэ уеплърэ, сыт абыхэм ящІэр? Мэжей! Щэней Хьисэ елъэІуащ абыхэм мыжеину, ауэ щэми жеяхэу къахуозэж. «Мыпхуэдэ зэманым дауэ фызэрыжеифыр?— йоупщІ абыхэм ещанэу къыІухьэжа нэужь.— Иджыпстущ бийм сыщыІэщІалъхьэнур».

Асыхьэтым гуп къакІуэм я лъэ макъ къоІу. Мис иджыщ! Джатэрэ токъмакърэкІэ зэщІэузэдауэ цІыхухэр къос! Башхэм фІэлъу яІыгъ мафІэхэмкІэ я гъуэгур къагъэнэху. ЦІыху гупыр нэхъ гъунэгъу къыщыхъум, зы цІыху къахокІри Хьисэ къыбгъэдохьэ. Еплъыт, абы Хьисэ ба хуещІ. Ар Иудэ Искариотщ! Сыту пІэрэ–тІэ абы Хьисэ ба щІыхуищІыр?

— Иудэ, мы ба къысхуэпщІымкІэ укъызэмыпцІыжу пІэрэ?— йоупщІ Хьисэ. Пэж дыдэщ. Ба хуищІар нэщэнэу арат. Абы Иудэ и гъусэу къэкІуа цІыхухэм яригъэлъагъуу арат Хьисэр дэрами. Арати, бийхэм Хьисэ къаубыдыну зырадз. Ауэ Пётр хуейкъым занщІэу абыхэм ар яритыну. И джатэр кърехри къыбгъэдэту щыт цІыхум зытрешащІэ. И щхьэр мыхъуу и тхьэкІумэ ижьым тохуэри, къыпеупщІ. Ауэ Хьисэ абы и тхьэкІумэм йоІусэри хутрегъэкІэж.

Пётри зыхуегъазэри: «Джатэр къызэрыпхам илъхьэж. Сыт, умыщІэу ара си Адэм селъэІумэ, къыздэІэпыкъуну мин бжыгъэкІэ мелыІыч къызэрысхуигъэкІуэфынур?» — жеІэри унафэ хуещІ. Пэж дыдэу ар Алыхьым хузэфІэкІынущ! Ауэ абы щхьэкІэ Хьисэ и Адэм елъэІукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и бийхэм щаІэщІыхьэну зэманыр къызэрысар ещІэр. Абы щхьэкІэ Хьисэ абыхэм йодаІуэри зыІурегъэш. КъэдгъащІэт, абы адэкІэ къыщыщІыр сытми.