Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

102-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ псэущ

Хьисэ псэущ

МЫ ЦІЫХУБЗЫМРЭ цІыхухъуитІымрэ хэтми пщІэрэ? ЦІыхубзыр Хьисэ фІыуэ зыцІыхуу щытахэм ящыщ Магдалэ къуажэм щыщ Мэремщ. Щыгъын хужь зыщыгъ цІыхухъухэр мелыІычщ. Хьисэ и хьэдэр зыщІалъхьа пэш цІыкІум Мэрем щІоплъэр. А пэшым зэреджэр кхъэлэгъунэщ. Ауэ хьэдэр щІэлъыжкъым! Хэту пІэрэ къэзыщтар? ИІэт къэдгъащІэт.

Хьисэ лІа нэужь, диным и лэжьакІуэхэм Пилат жраІэр: «Хьисэ щыпсэуам щыгъуэ жиІэт, махуищ дэкІмэ къэхъужыну. Абы щхьэкІэ унафэ щІы кхъэлэгъунэр яхъумэну. ИтІанэ и еджакІуэхэм абы и хьэдэр къадыгъужу къэхъужауэ жаІэфынукъым!» Арати, Пилат унафэ ещІ дин лэжьакІуэхэм сэлэтхэр ягъакІуэу кхъэлэгъунэр ирагъэхъумэну.

Хьисэ зэрылІэрэ махуищ дэкІа нэужь, пщэдджыжьым жьыуэ Иеговэ и мелыІычыр къохутэри кхъэлэгъунэм Іулъ мывэшхуэр къыІуегъэкІуэт. ХъумакІуэхэр апхуэдизкІэ шынащи, я пІэм йожыхь. ЗыкъащІэжрэ кхъэлэгъунэм щІэплъэм — хьэдэр щІэлъыжкъым! Къэхъуар дин лэжьакІуэхэм жраІэну сэлэт зыбжанэ къалэм жэрыгъэкІэ кІуащ. Дауэ уеплърэ, сыт ящІэр адэкІэ диным и лэжьакІуэ бзэджащІэхэм? Абыхэм сэлэтхэм ахъшэ ират, пцІы ирагъэупсыну. Унафи хуащІ жэщым щыжейм еджакІуэхэр къакІуэу хьэдэр ядыгъужауэ жаІэну.

Абы хэту Хьисэ фІыуэ зыцІыхуу щыта цІыхубзхэр кхъэлэгъунэм деж къокІуэр. Сыту Іейщэу къэуІэбжьат ахэр кхъэлэгъунэр нэщІу щалъэгъуам! НапІэзыпІэм нурыр къызыщхьэщих щыгъынхэр ящыгъыу мелыІычитІ къохутэ. «Сыт мыбдеж къыщІыщыфлъыхъуэр Хьисэ? Ар къэтэджыжащ. ПсынщІэу фыкІуи и гъэсэнхэм яжефІэ ар»,— жаІэр абыхэм. Сыту псынщІэІуэу щІэпхъуат ахэр! Гъуэгу здытетым зы цІыхухъу гуэрым ахэр къегъэувыІэ. ПщІэрэ хэтми? Ар Хьисэщ! «ФыкІуи си гъэсэнхэм яжефІэж»,— жеІэ абы.

Хьисэ зэрыпсэур, ар зэралъэгъуар еджакІуэхэм абыхэм щыжраІэм я фІэщ хъуакъым. Арати, Пётррэ Иуанрэ кхъэлэгъунэм мажэ я нэкІэ зэрагъэлъэгъунуи — кхъэлъэгъунэр нэщІщ! Пётррэ Иуанрэ мэкІуэжри Мэгдалэ къуажэм щыщ Мэрем къонэр. Мис, мыпщыгъуэм ар кхъэлэгъунэм щІоплъэри, мелыІычитІ къелъагъу.

ПщІэрэ Хьисэ и хьэдэм къыщыщІар сытми? Алыхьым ар игъэбзэхащ. Къыщигъэхъужым Хьисэ щылІэм щиІа Іэпкълъэпкъым хуэмыдэу, уафэм щыІэ мелыІычхэм яІэм хуэдэу нэрымылъагъуу Іэпкълъэпкъ иритащ. Ауэ адэкІэ къызэрытщІэнущи Хьисэ зэрыпсэур къаригъэщІэн щхьэкІэ, нэкІэ къыпхуэлъэгъун Іэпкълъэпкъ иІэу и гъэсэнхэм къахуокІуэ.