Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

103-НЭ ХЪЫБАР

Бжэ гъэбыдамкІэ пэшым щІохьэ

Бжэ гъэбыдамкІэ пэшым щІохьэ

ХЬИСЭ и хьэдэр зыщІэлъа кхъэлэгъунэм Пётррэ Иуанрэ къыщІокІыжри Мэрем и закъуэ къонэр. Ар магъыр. ИтІанэ нетІэрей сурэтым зэрыщыплъэгъуащи, зыригъэзыхауэ кхъэлэгъунэм щІоплъэр. Арати, мелыІычитІ къелъагъур! Ахэр абы къоупщІ щІэгъымкІэ.

— Си Зиусхьэныр щІахащ, здахьари сщІэкъым,— жеІэр Мэрем. ИтІанэ зыкърегъэзэкІри зы цІыхухъу гуэр щыту къелъагъу. «Къэплъыхъуэр хэт?» — къоупщІ ар.

Мэрем ар жыг хадэр зыгъэкІ цІыхухъурауэ и гугъэри егупсысащ — мырагъэнщ Хьисэ и хьэдэр къэзыщтар — жиІэри. Арати, йолъэІу: «Хьэдэр къэпщтамэ, здэпхьар къызжеІэ». Ауэ ар езы Хьисэщ. Ар нэгъуэщІ Іэпкълъэпкъ иІэу къэкІуати, Мэрем къыхуэцІыхужакъым. Ар Мэрем и цІэмкІэ къыщеджэм абы къыгуроІуэр ар зэры–Хьисэр. Арати, мажэри и гъэсэнхэм яжреІэр Зиусхьэныр зэрилъэгъуар.

Ежьауэ Еммаус къуажэ кІуэ и гъэсэнхэм ящыщитІым а махуэ дыдэм цІыху гуэр къабгъэдохьэ. И гъэсэнхэр Іейуэ иринэщхъейт Хьисэ зэрылІам. Гъуэгуанэ здытетым а къабгъэдыхьам Библием иту абыхэм куэд къагурегъаІуэри я гуауэр нэхъ тынш ящохъу. Ягу къыщІрагъэубыдэну и гъэсэнхэр къыщыувыІэм а цІыхухъур зэры–Хьисэр къацІыхуж. ИтІанэ Хьисэ мэбзэхыж, и гъэсэнхэри жэрыгъэкІэ Иерусалим къокІуэж, къэхъуар апостолхэм жраІэн щхьэкІэ.

Абы къриубыдэу Хьисэ Пётри къыхуокІуэр. Ар адрей и гъэсэнхэми къызэращІэу гуфІэгъуэшхуэр яІэщ. ИтІанэ а гъэсэнитІыр Иерусалим къосыжри апостолхэр къагъуэт. Арати, жраІэр ахэр гъуэгуанэ здытетым Хьисэ къазэрыхуэкІуар. ЩыжаІэж дэкъикъэм пщІэрэ къэхъур сытми?

Еплъыт сурэтым. Бжэр зэрыгъэбыдам хуэдэу Хьисэ пэшым къыщІохьэр. Сыту Іеищэу щыгуфІыкІрэ гъэсэнхэр абы! Махуэ телъыджащэкъэ–тІэ а махуэр? Къыпхуэбжыну пІэрэ уэ дапщэрэ Хьисэ и гъэсэнхэм къахуэкІуами? Тхуэ хъуа?

Хьисэ и гъэсэнхэм къащыхуэкІуам абыхэм апостол Фома яхэтакъым. ИужькІэ Зиусхьэныр зэралъэгъуар абы жраІэж. Ауэ Фома жеІэр и нэкІэ имылъэгъуауэ и фІэщ зэрымыхъунур. Махуий дэкІа нэужь, ахэр пэш гуэрым щызэхуосри бжэр къагъэбыдэ. Мы зы гъуэгу Фома абыхэм я гъусэщ. Арати, напІэзыпІэм Хьисэ пашым къыщІохьэр. Иджы Фома ар и фІэщ мэхъу.