Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

104-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ уафэм егъэзэж

Хьисэ уафэм егъэзэж

А МАХУЭХЭМ и кІуэцІкІэ Хьисэ куэдрэ и гъэсэнхэм я деж къокІуэ. Зэгуэр и гъуэгу ирикІуэу цІыху 500 нэсым закърегъэлъагъу. ПщІэрэ Хьисэ абыхэм яжриІэр? Алыхьым и пащтыхьыгъуэм яхутопсэлъыхь. Иеговэ Хьисэ къыщІигъэкІуар а пащтыхьыгъуэм цІыхухэр хуригъэджэну аращ. Къэтэджыжа нэужьи абы ищІэр аращ.

ПщІэжрэ Алыхьым и пащтыхьыгъуэр зищІысыр? Пэж дыдэщ. Пащтыхьыгъуэр уафэм щыІэ Алыхьым и правительствэу аращ. Алыхьым тригъэувауэ абы Хьисэ и Пащтыхьщ. КъызэрытщІащи, Хьисэ цІыху мэжалІэхэр зэригъэшхамкІэ, сымаджэхэр зэригъэхъужамкІэ, лІа нэгъунэ къызэригъэтэджыжамкІэ къигъэлъэгъуащ ар пащытхьыфІ дыдэ зэрыхъунур!

НтІэ, Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытынум деж щІылъэм сыт хуэдэ теплъэ иІэнур? Пэжщ, дуней псор жэнэт дахащэ хъунущ. АфІэкІа зауи, щІэпхъаджагъи, сымаджи, лІэныгъи щыІэжынукъым. Дэ дощІэр а псори къызэрыхъунур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьыр хуеящ щІылъэр зэрыщыту насыпыр здэщыІэ жэнэт унапІэ цІыхухэм яхуэхъуну. Арат абы щІищІари ипэм щыгъуэ Едем жыг хадэр. Алыхьыр зыхуеяр псори апхуэдэ щІыкІэкІэ Хьисэ игъэзэщІэнущ.

Иджы Хьисэ уафэм игъэзэжын хуейщ. Махуэ 40–кІэ и гъэсэнхэм къахуокІуэр. Абыхэм ящІэр иджы ар зэрыпсэур. ЯхэкІыжын ипэкІэ Хьисэ и гъэсэнхэм Іеищэу йолъэІу дух лъапІэр къаІэрыхьэху Иерусалим дэсыну. Дух лъапІэр — ар жьыр къыщепщэм хуэдэу мыувыІэу лажьэ Алыхьым и къэрущ. Ар Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм ядэІэпыкъунущ, Алыхьыр зыхуейр ягъэзэщІэнымкІэ. Иужь дыдэу Хьисэ и гъэсэнхэм яжреІэр езым теухуа хъыбарыр щІылъэм и нэхъ жыжьэІуэ щІыпІэхэми щыпсэу цІыхухэми лъагъэІэсын хуейуэ.

Абы иужькІэ гъэщІэгъуэн гуэр къохъу. Сурэтым зэрыщыплъагъущи, Хьисэ уафэм игъэзэжыну зеІэт. ИтІанэ пшэхэм къуохьэри и гъэсэнхэм иджы ар ялъэгъужкъым. Абы уафэм егъэзэжри абы кърищІыкІыу щІылъэм къэнауэ щыІэ и гъэсэнхэм я Іуэху зэрехьэ.