Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

105-НЭ ХЪЫБАР

Иерусалим щыпоплъэхэр

Иерусалим щыпоплъэхэр

МЫХЭР Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэращ. Ахэр абы жиІам едаІуэри Иерусэлим къыдэнащ, ежьэну. Ежьэу здыдэсым, напІэзыпІэм унэм къыщоІу макъ гуэр. Ар жьышхуэ къыкъуэуам и макъым ещхьщ. ИтІанэ мафІэ бзий цІыкІу цІыху къэс и щхьэщыгум къыщохутэ. Плъагъурэ ахэр? Сыт а псом къикІыр?

Телъыджэ къэхъуащ! Хьисэ и адэм деж уафэм игъэзэжри и гъэсэнхэм дух лъапІэр къахуригъэхащ. ПщІэрэ дух лъапІэм абыхэм ярищІэр сытми? И гъэсэнхэр псори бзэ зэрызкІэ псэлъэфу ещІ.

Иерусалим апщыгъуэм дэса цІыху куэдым жьышхуэ къыщепщэм деж ищІ макъышхуэм хуэдэ макъ зэхахри къызэхуос, къэхъуар къащІэну. Абыхэм нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ куэд яхэтт. Ахэр Иерусалим къэкІуащ Пятидесятницэ махуэшхуэр ягъэлъэпІэну. Ауэ Іейщэу ахэр къэуІэбжьа, Алыхьым и ІуэхущІафэ телъыджэхэм я бзэкІэ Хьисэ и гъэсэнхэр тепсэлъыхьу щызэхахым!

— Сыт щхьэкІэ, ахэр псори Галилей хэку щыщкъэ! — ягъэщІагъуэ абыхэм. Дауэ пІэрэ ахэр ди хэку зэрыщыпсалъэ бзэхэмкІэ зэрыпсэлъэфыр?

Арати, Пётр къотэджри къагурегъаІуэ. Псоми зэхахын хуэдэу ину къопсалъэри жеІэ Хьисэ зэраукІа щІыкІэр, Иегови ар дауэ къигъэхъужами. Иджы Хьисэ уафэм Алыхьым и ижьырабгъумкІэ къызэрыбгъэдэсыр Пётр абыхэм яжреІэр. «Дыкъызэригъэгугъауэ щыта дух лъапІэр къытхуригъэхауэ аращ. Аращ мы телъыджэхэр щІызэхэфхри щІэфлъагъури»,— пещэр абы.

Пётр жиІам иужь, Хьисэ иращІам цІыху Іэджэ Іейщэу хущІогъуэж. ЯщІэн хуеймкІи щІоупщІэ. Пётр абыхэм ягурегъаІуэ захъуэжу псым зэрызыщІагъэуэн хуейр. Арати, а махуэ дыдэм цІыху 3 000–м псым зыщІагъауэри Хьисэ и лъэужь йоувэ.