Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЕЯНЭ ІЫХЬЭ

Къэхъун хуейуэ Библием щыжыІар къохъу

Къэхъун хуейуэ Библием щыжыІар къохъу

Библием блэкІам и закъуэ пэжу къыжиІэж къудейкъым, атІэ къэхъунури къыжеІэ. ЦІыхухэм къэхъунур къыжаІэфкъым. Абы къыдегъащІэ Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІар. Сыт–тІэ къэхъуну абы жиІэр?

Абы итщ Алыхьым и зауэшхуэм теухуауэ. А зауэшхуэм деж абы щІылъэм сыт хуэдэ Іейри, цІыху Іей псори тригъэкІыжынущ, къыхуэлажьэ цІыхури абы къыщихъумэнущ. Алыхьым тригъэува Хьисэ ищІынущ а цІыхухэм мамырыгъэрэ насыпрэ яІэу, афІэкІа зэикІ мысымаджэу, мылІэу.

ГуфІэгъуэшхуэкъэ–тІэ Алыхьым щІэрыщІэу жэнэт мы щІылъэм зэрыщищІыжынур? Ауэ а жэнэтым дэ дыщыпсэуну дыхуеймэ, абы щхьэкІэ зыгуэр тщІэн хуейщ. Мы тхылъым и иужьрей хъыбарым къыщытщІэнущ Алыхьым хуэлажьэ цІыхухэм яхуигъэхьэзыра хъугъуэфІыгъуэ телъыджэхэр къытлъысын щхьэкІэ, дэ тщІэн хуейр сытми. Абы щхьэкІэ ЕЯНЭ Іыхьэм къеджи къащІэ Библием къэкІуэнум щхьэкІэ жиІэр сытми.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

114 ХЪЫБАР

Іейм кІэ къыхуокІуэ

Хьисэрэ абы и дзэмрэ щхьэ Алыхьым Армагеддон зауэм зэуэну игъакІуэрэ?

115 ХЪЫБАР

ЩІылъэр жэнэтыщІэ хъужащ

Зы зэман цІыхухэр жэнэтым щыпсэууэ щытащ. КъэкІуэну зэманым цІыхухэм Іэмал яІэнущ жэнэт хъужыну щІылъэм щыпсэуну.

116 ХЪЫБАР

Дауэ мыухыж гъащІэр къызэрытлъысынур

Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ пцІыху къудейкІэ зэфІэкІрэ? ЗэфІэмыкІмэ, сыт иджыри пщІэн хуейр?