Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

114-НЭ ХЪЫБАР

Іейм кІэ къыхуокІуэ

Іейм кІэ къыхуокІуэ

СЫТ МЫБДЕЖ щыплъагъур? Пэжщ — шы хужьхэм тес шуудзэщ. Тэмэму еплъыІуэт, ахэр къыздикІыр дэнэми. Пшэхэм тету уафэм! Уафэм шыхэр щыпсэурэ–тІэ?

Хьэуэ. Ахэр шы къызэрыгуэкІкъым. Шы дыдэхэр–тІэ пшэм тетыфыну? Библиер топсэлъыхь уафэм щыІэ шыхэм. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми?

Япэм щыгъуэ шыхэр зауэм къыщагъэсэбэпт. Библием уафэм шуухэр къикІыу щІыжиІэр, щІылъэм щыпсэухэм Алыхьыр зэрезэуэныр дигъэлъэгъун щхьэкІэщ. А зауэр къыщыхъуну щІыпІэм и цІэр пщІэрэ сытми? Армагеддонщ. А зэуэм хэкІуэдэнущ Іейуэ мы щІылъэм щыІэ псори.

Армагеддоным къыщыхъуну зауэм унафэщІыу щытынур Хьисэщ. КъэщІэжыт, Иеговэ Хьисэ хихащ и пащтыхьыгъуэм и пащтыхьыу щытыну. Аращ Хьисэ пащтыхь пыІэ щІыщхьэрыгъыр. Джатэм къегъэлъагъуэ Алыхьым и бийхэр псори абы зэриукІынур. ДгъэщІэгъуэн хуей–тІэ дэ, Альыхьым Іейр псори зэригъэкІуэдынур?

Еплъыт 10–нэ хъыбарым. Сыт щыплъагъур? Пэжщ — дунейпсо псыдзэшхуэм цІыху Іейхэр хокІуадэ. Хэт псыдзэшхуэр къэзыгъэхъуар? Алыхь Иеговэщ. Иджы еплъыт 15–нэ хъыбарым. Сыт абы щыплъагъур? Иеговэ къригъэха мафІэм Содомрэ Гоморрэрэ егъэкІуэдыж.

Иджы еплъыт 33–нэ хъыбарым. Сыт къащыщІыр мысырым я зэуэлІхэмрэ я шыхэмрэ? Хэт ахэр псым щІезыгъэлъафэр? Иеговэщ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ и цІыхухэр къехъумэ. Иджыри 76–нэ хъыбарым еплъи къэплъэгъуэнущ, Иеговэ и лъэпкъыр — израиль цІыхухэр — ящІэ Іуэху Іейхэм щхьэкІэ зэригъэкІуэдар.

Абы щхьэкІэ дэ дгъэщІэгъуэн хуейкъым Иеговэ уафэм щыІэ и дзэхэр къигъакІуэу щІылъэм Іейуэ щыІэ псори зэригъэкІуэдыжынур. Абы къикІыр уи нэгу къыщІэгъэхьэт сытми! напэкІуэцІыр зэгъэзэкІи къэтщІэнщ.