Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЯПЭ УРОКЫР

Сытым теухуа хъыбарыфІ?

Сытым теухуа хъыбарыфІ?

1. Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыр сыт зытеухуар?

Алыхьыр хуейщ дэ насыпыфІэу дыпсэуну. Абы лъагъуныгъэм къыхэкІыу щІылъэри абы тет псори къигъэщІащ. Куэд мыщІэу абы цІыхухэм я гъащІэр нэхъыфІ ищІыжынущ икІи дунейм афІэкІа гугъуехь щыІэжынукъым. (Къеджэ Иеремия 29:11.)

Залымыгъэм, узыфэхэм, лІэныгъэм пэлъэща правительствэ иджыри щыІакъым. Ауэ абы теухуауэ хъыбарыфІ щыІэщ. Куэд мыщІэу Алыхьым дунейм тет правительствэхэр Іуихынурэ езым и правительствэ игъэувынущ. ЦІыхухэм я зэхуаку мамырыгъэ дэлъынущ икІи абыхэм узыншагъэ быдэ яІэнущ. (Къеджэ Исаия 25:8; 33:24; Даниил 2:44.)

2. Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарым нобэ сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

Гузэвэгъуэхэм кІэ щаІэнур Алыхьым цІыху бзаджэхэр щІылъэм тригъэкІуэдыкІыжа иужьщ (Софония 2:3). Дапщэщ ар къыщыхъунур? Ди зэманым дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэр къызэрыхъунур Алыхьым и Псалъэм куэд щІауэ ирыригъэтхауэ щытащ. А Іуэхугъуэхэм наІуэу къагъэлъагъуэ, тІэкІу дэкІмэ, Алыхьыр къызэрыхэІэбэнур. (Къеджэ 2 Тимофей 3:1—5.)

3. Сыт дэ тщІэн хуейр?

Библием ит Алыхьым теухуа пэжыр дэ къэтщІэн хуейщ. А тхылъыр ебгъэщхь хъунущ лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ адэм и бынхэм яхуитха письмом. Абы щыжыІащ иджыпсту ди гъащІэр нэхъыфІ зэрытщІынур икІи къэкІуэну зэманми гъащІэ мыухыж къызэрытІэрыхьэфынур. Зыгуэрхэм ягу иримыхьынкІэ хъунущ уэ Библиер бджын зэрыщІэбдзар. Ауэ гъащІэ мыухыж уиІэу дунеищІэм ущыпсэуну уиІэ Іэмалыр нэгъуэщІхэм зыІэщІебгъэх хъунукъым. (Къеджэ Притчи 29:25; Апокалипсис 14:6, 7.)