Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3-НЭ УРОК

Раха́в Иеговэ и фІэщ хъут

Раха́в Иеговэ и фІэщ хъут

Къызыщыгъэхъут Ханаа́н щІыпІэм щыІэ Ерихо́н къалэм дыщыІэу. Абы дэсхэм Иеговэ я фІэщ хъукъым. ИкІи абы Рахав зицІэ цІыхубз гуэр щопсэу.

Рахав иджыри цІыкІуу зэхихат Му́сэ Хы Плъыжьыр зырызэгуигъэкІам икІи израил лъэпкъыр Мысырым къызэрыришыжам и хъыбарыр. Абы нэмыщІ, Рахав зэхихат Иеговэ израил лъэпкъым и бийхэм текІуэну зэрыдэІэпыкъуар. Иджы абы къещІэ Ерихон и гъунэгъуу израилым и дзэр къызэрыувыІар.

Рахав Иеговэ и фІэщ хъути, тІасхъэщІэххэр игъэпщкІуащ

Зы пщыхьэщхьэ гуэрым израилым щыщ щІалитІ Ерихон къаплъыхьыну макІуэ. Рахав деж къэкІуа иужь, ахэр абы и унэм жэщкІэ щыІэну къегъанэ. Зыгуэрым Ерихон и пщым деж нехьэс къалэм тІасхъэщІэхитІ къызэрыкІуар икІи ахэр Рахав и унэм зэрыщыІэр. Апщыгъуэм пщым и цІыхухэр егъакІуэ ахэр къаубыдыну. Рахав тІасхъэщІэххэр щегъэпщкІу и унащхьэм (а щІыпІэм унащхьэхэр захуэу щытт) икІи пщым къигъэкІуахэм жреІэ: «Пэжщ, тІасхъэщІэххэр си деж къэкІуащ, ауэ ахэр къалэм дэкІыжащ. ФепІэщІэкІыу щытмэ, къыфхуэубыдынущ ахэр!» ПщІэрэ уэ Рахав тІасхъэщІэххэр щІигъэпщкІуар?~ Абы Иеговэ и фІэщ мэхъу икІи Алыхьым израил лъэпкъым Ханаан щІыналъэр зэрыритынур ещІэ.

Ежьэжын ипэ тІасхъэщІэххэм Рахав къагъэгугъэ езыри и Іыхьлыхэри Ерихон щызэтекъутэм хэмыкІуэдэну. Сыт-тІэ абы унафэу хуащІыр?~ Абыхэм жаІэ: «КІапсэ плъыжь къащти, уи щхьэгъубжэм деж фІэщІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, уи унэм щІэсынухэр псори къелынущ». Рахав тІасхъэщІэххэм зэрыжаІа дыдэм хуэдэу ещІэ. Сыт адэкІэ къэхъур?~

Иеговэ Рахаврэ и Іыхьлыхэмрэ къригъэлащ

Махуэ зытІущ дэкІри, израил цІыхухэм къалэр ихъуреягъкІэ зыри жамыІэу къакІухьу щІадзащ. Махуихым и кІуэцІкІэ махуэ къэс абыхэм къалэр ихъуреягъкІэ зэрызэ къакІухь. Ауэ махуэ ебланэм ар блэнейрэ къакІухь, иужькІи ину мэкІий. Абы щыгъуэ Иеговэ къалэр къэзыухъуреихь блынхэр зэтрекъутэ. Ауэ зи щхьэгъубжэм кІапсэ плъыжь зыфІэщІа унэм зыри къыщыщІкъым, ар блыным зэрыхэтым емылъытауэ! Сурэтым ар щыплъагъурэ?~ Рахаврэ и Іыхьлыхэмрэ къелащ!

Рахав и щапхъэм уэ сытым ухуригъасэрэ?~ Рахав Иеговэ и фІэщ хъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Иеговэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм теухуауэ ищІэрт. Уэри Иеговэ и Іуэху гъэщІэгъуэнхэм теухуауэ къэпщІэфынущ. Рахав хуэдэу уэри Иеговэ уи фІэщ хъурэ?~ Дэ шэч къытетхьэкъым ар уи фІэщ зэрыхъум!