Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6-НЭ УРОК

Дау́т лІыгъэ хэлъу щытащ

Дау́т лІыгъэ хэлъу щытащ

Сыт уэ пщІэр, ущышынэм деж?~ Уэ уи адэм е уи анэм деж ужэу къыщІэкІынщ. Ауэ уэ къыбдэІэпыкъуфын гуэр иджыри щыІэщ. ИкІи ар псом нэхърэ нэхъ лъэщщ. ПщІэрэ ар хэтми?~ Ар Алыхь Иеговэщ. ИІэ иджы щІалэщІэ Даут теухуауэ къэдгъащІэ. Абы и хъыбарыр Алыхьым и Псалъэ Библием итщ. Даут Иеговэ сыт щыгъуи къызэрыдэІэпыкъуныр ищІэти, лІыгъэ хэлъу щытащ.

Даут Иеговэ фІыуэ илъагъуну и адэ-анэм зэрыцІыкІурэ ирагъасэт. Абы ар къыдэІэпыкъут гугъуехь гуэрым щыпэщІэхуэм деж мышынэну. Абы ищІэт Иеговэ и Ныбжьэгъуу зэрыщытыр икІи сыт щыгъуи къыдэІэпыкъуну ар зэрыхьэзырыр. Зэгуэрым Даут мэл игъэхъуу, аслъэн къытеуэри зы мэл цІыкІу къиубыдащ! ПщІэрэ Даут сыт ищІами? Абы аслъэным зридзри, Іэщэ зэримыІыгъым емылъытауэ, иукІащ! ИужькІэ мыщи мэлхэм щытеуа къэхъуащ. Даут абыи текІуащ. Дауэ уеплърэ, хэт Даут къыдэІэпыкъуар?~ ДауикІ, Иеговэщ.

Зэгуэрым Даут лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуащ. Израил цІыхухэр я гъунэгъуу псэу филисти́млянхэм езауэт. Абыхэм я зы зауэлІыр егъэлеяуэ лъагэт — иныжьт! Абы и цІэр Джэлу́тІт. Ар израил зауэлІхэмрэ Иеговэрэ щыдыхьэшхт. ДжэлутІ израил цІыхухэр къезэуэну къриджэт, ауэ ахэр псори шынэт. Даут ар зэхиха нэужь ДжэлутІ жриІащ: «Сэ уэ сынозэуэнущ! Иегови текІуэныгъэр къызигъэхьынущ!» Дауэ уеплърэ, Даут лІыгъэ хэлъу щыта?~ Пэжщ, абы лІыгъэшхуэ хэлъащ. ПщІэрэ адэкІэ къэхъуар?

Даут мывэдзрэ мывэ джафитхурэ къищтэри иныжьым пэщІэуващ. ДжэлутІ Даут зэрыщІалэ дыдэр щилъагъум, щыдыхьэшхыу щІидзащ. Ауэ Даут абы жриІащ: «Уэ укъыспэщІэуващ джатэ пІыгъыу, ауэ сэ Иеговэ и цІэмкІэ сыныппэщІоувэ!» Даут абы пежьэри мывэдзым мывэ ирилъхьащ, идзри иныжьым и натІэм техуащ. Апхуэдэу иныжьым зэшэзэпІэу кІэ къыхуэкІуащ! Ар щалъагъум, филистимлянхэр шынэри щІэпхъуэжащ. ЩІалэщІэ Даут дауэ хузэфІэкІа иныжьым текІуэну?~ Абы Иеговэ къыдэІэпыкъуащ, ар иныжьым нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэщщ!

Даут лІыгъэ хэлъу щытащ, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуныр ищІэти

Даут теухуа хъыбарым сытым дыхуригъасэрэ?~ Иеговэ нэхърэ нэхъ лъэщ зыри щыІэкъым. ИкІи уэ ар уи Ныбжьэгъущ. Аращи, зыгуэркІэ ушынэ хъумэ, уигу игъэлъ Иеговэ лІыгъэ къызэрыпхилъхьэнур!

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ