Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

8-НЭ УРОК

Ио́сие ныбжьэгъуфІ иІэу щытащ

Ио́сие ныбжьэгъуфІ иІэу щытащ

Тыншу пІэрэ сыт щыгъуи фІым утетыну?~ ЦІыху куэдым дежкІэ ар тыншкъым. Библиер зытепсэлъыхьыж ИосиекІэ зэджэ щІалэ цІыкІум щхьэкІэ ар егъэлеяуэ гугъут. Ауэ абы къыдэІэпыкъу ныбжьэгъуфІхэр иІэт. Иосиерэ абы и ныбжьэгъухэмрэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцІыхунщ.

Абы и адэу щыта Иудэм и пащтыхь Амо́н Іуэхугъуэ Іей куэд ищІэт икІи тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэт. Амон лІа иужь, абы ипІэкІэ Иосие пащтыхьу теуващ. Абы щыгъуэ ар илъэсий хъу къудейуэ арат! Иосие и адэм хуэдэу цІыху Іей хъуауэ пІэрэ? Дауэ уеплърэ?~ Хьэуэ, хъуакъым!

Софоние цІыхухэр къыхуриджэрт тхьэ нэпцІхэм хуэмылэжьэну

Иосие зэрыцІыкІу лъандэрэ хущІэкъут Иеговэ едэІуэну. Абы къыхэкІыу, Иеговэ фІыуэ зылъагъухэрат абы ныбжьэгъу ищІыр. Ахэр Иосие къыдэІэпыкъут фІым сыт щыгъуи тетыну. Хэтыт-тІэ абы и ныбжьэгъухэр?

Абы и ныбжьэгъухэм я щыщ зыт Софо́ние. Ар бегъымбару щытащ. Софоние Иу́дэм щыпсэу цІыхухэм яжриІэт, ахэр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу щытмэ, абы Іей къызэрыпэкІуэныр. Иосие Софоние едаІуэт икІи ар зыхуэлажьэр тхьэ нэпцІхэратэкъым, атІэ Иеговэт.

Иосие Иереми́и и ныбжьэгъут. Ахэр зэныбжьу щытащ икІи щыцІыкІуам щыгъуэ зэгъунэгъуу псэуащ. Ахэр апхуэдизкІэ фІыуэ зэрылъагъути, Иосие щылІам Иеремие уэрэд абы хуиусащ. А уэрэдым абы и ныбжьэгъум зэрыхуэзэшыр щыжиІащ. Иеремиерэ Иосиерэ зыр зым дэІэпыкъут фІым тетыну икІи Иеговэ едэІуэну.

Иеремиерэ Иосиерэ зыр зым дэІэпыкъут фІым тетыну

Иосие и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?~ Иосие зэрыцІыкІу лъандэрэ хущІэкъут фІым тетыну. Абы ищІэт, Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм фІэкІ зыри нэгъуэщІ ныбжьэгъу зэрыпщІын хуэмейр. Уэри Иеговэ фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъу къызэрыхэпхыным хущІэкъу. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ сыт щыгъуи фІым утетыну!

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ