Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Алыхьым цІыхухэм яхуигъэхьэзыра гъащІэр

Алыхьым цІыхухэм яхуигъэхьэзыра гъащІэр

НОБЭ газет къапщтэмэ, телевизор е радио щІэбгъанэмэ, и нэхъыбэм абыхэм къыщыпщІэр хъыбар Іейщ. ЩІэпхъаджагъэм, зауэм икІи терроризмым икъукІэ дунейм зыщиубгъуащ. А псом нэмыщІ дэ тщыщ дэтхэнэми езым и гугъуехьхэр иІэжщ: хэти узыфэ хьэлъэм йобэн, хэти фІыуэ илъагъум и лІэныгъэ илъэгъуащ.

ЗэупщІыж:

  • Си унагъуэмрэ сэрэ хьэзаб ттелъыну Алыхьыр хуейуэ пІэрэ?

  • Си гугъуехьхэм дауэ сыпэлъэща хъуну?

  • Зэгуэр дунейр мамыр хъужыну пІэрэ?

Мы упщІэхэм я жэуапхэр Тхыгъэ ЛъапІэм итщ.

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЗЭРЫЖИІЭМКІЭ, АЛЫХЬЫМ ДУНЕЙМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭШХУЭХЭР ХИЛЪХЬЭНУЩ

ЖЭУАПХЭР ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ КЪЫЩЫЛЪЫХЪУЭ

Иджыпсту зи гугъу тщІа гъащІэ дахэр таурыхъыу уимыгугъэ. А гъащІэ дахэмкІэ дыкъэзыгъэгугъэр езы Алыхьыращ икІи абы къыдит псалъэр зэригъэзэщІэжыну щІыкІэм Библиер топсэлъыхь.

Алыхьым и Псалъэм иджыпстуи уэ насыпыфІэ уищІыфынущ. Ахъшэ уимыІэмэ, уи унагъуэр гугъу ехьмэ, усымаджэмэ е уи Іыхьлы пфІэкІуэдамэ — а псом уи лъэр щІихыу къыщІэкІынщ. Апхуэдэ гугъуехьхэм упэлъэщыну Библиер уэ къыбдэІэпыкъунущ. Алыхьым и Псалъэм гупсэхугъуэ къыуитынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр абы итщ. Псалъэм папщІэ:

Мы тхылъым узэреджэм къегъэлъагъуэ Библием итыр уэ къэпщІэну узэрыхуейр. Пэж дыдэу, мы тхылъыр абыкІэ къыбдэІэпыкъунущ. Мы тхылъыр упщІэрэ жэуапкІэ зэпкърыпх хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ Библием ит пэжыр къыбгурыІуэну нэхъ тыншщ. Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер зыджа цІыху куэдым ар зэрыІэмалыфІыр къагурыІуащ. Уэри апхуэдэ Іэмалыр уигу ирихьыну дыщогугъ. Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къэпщІэн щхьэкІэ къару епхьэлІэм и хъер Тхьэм уигъэлъагъу!