Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?

Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?

1, 2. 1) ЦІыху гуэрым и цІэр зэрыпщІэ къудейм ар фІыуэ пцІыхуу къикІкъым. Сыт щхьэкІэ? 2) Хьисэ Мэссихь теухуауэ цІыхухэм сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэр?

ЦІЫХУ цІэрыІуэ куэд мы дунейм тетщ. Языныкъуэхэм я цІэр уэ пщІэуэ къыщІэкІынщ. Ауэ абыхэм я гъащІэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ зыри умыщІэмэ, ахэр фІыуэ пцІыхуу жыпІэ хъуну?

2 Хьисэ Мэссихь мы дунейм зэрытемытыжрэ илъэс 2 000 хуэдиз дэкІами, уэ абы теухуауэ зыгуэр зэхэпхауэ къыщІэкІынщ. ЦІыхухэм я нэхъыбэм ящІэкъым Хьисэ Мэссихь хэту щытами. Языныкъуэхэм ар цІыхуфІу щытауэ жаІэ, абы нэхъыбэ мыхъуу. Хэти ар бегъымбару щытауэ ебж. Хьисэ Алыхьу зылъыти щыІэщ. Уэ уи дежкІэ хэт хъуну Хьисэ Мэссихь? (12-нэ Приложением еплъ.)

3. Алыхьымрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуауэ пэжыр къэпщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

3 Хьисэ Мэссихь теухуауэ пэжыр пщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Библием щыжыІащ: «ЦІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ яІэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращІэнури, уэ къэбгъэкІуа Хьисэ Мэссихь зэращІэнури аращ» (Иуан 17:3). Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ пэжыр зэрыпщІэм и фІыгъэкІэ гъащІэ мыухыж уиІэу жэнэтыщІым ущыпсэуфынущ (Иуан 14:6). Хьисэ теухуауэ пэжыр къэпщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: дызэрыпсэун хуеймрэ цІыхухэм дазэрыхущытын хуеймрэ теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ (Иуан 13:34, 35). Мы тхылъым и япэ псалъащхьэм къыщытщІащ Алыхьыр хэт хъунуми. Иджы Хьисэ Мэссихь теухуауэ Библием жиІэр къэдгъащІэ.

«МЭССИХЬЫР КЪЭДГЪУЭТАЩ»

4. «Мэссихь», «Христос» псалъэхэм сыт къикІыр?

4 Иеговэ Библием щыжиІат щІылъэм Мэссихьыр къызэрыкІуэнур. Журтыбзэм къытехъукІа псалъэ «Мэссихьымрэ», алыджыбзэм къытехъукІа псалъэ «Христосымрэ» я мыхьэнэр зыщ: и мурадыр игъэзэщІэн папщІэ Алыхьым тригъэува жиІэу къокІ. Ди къэкІуэнум теухуауэ Алыхьым жиІа псалъэхэр куэд мыщІэу Мэссихьым игъэзэщІэнущ. Ноби Хьисэ уи гъащІэр фІыкІэ ихъуэжыфынущ. Хьисэ къалъхун ипэ цІыху куэдыр мыпхуэдэ упщІэм егупсыст: хэту пІэрэ Мэссихь хъунур?

5. Хьисэ зэры-Мэссихьыр и гъэсэнхэм я фІэщ хъурэт?

5 Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым абы и гъэсэнхэм шэч къытрахьэтэкъым (Иуан 1:41). Псалъэм папщІэ, Петр Хьисэ мыпхуэдэу жриІат: «Уэращ Мэссихьыр» (Маттэ 16:16). Хьисэ зэры-Мэссихьым сыт дэри шэч къыщІытедмыхьэр?

6. Мэссихь хъунур хэтми къэзыщІэну хуейхэм папщІэ Иеговэ сыт ищІар?

6 Хьисэ къалъхуным иджыри илъэс куэд иІэу Мэссихьым теухуауэ бегъымбархэм къэхъун хуей псалъэ куэд ятхат. Абыхэм я фІыгъэкІэ Мэссихьыр хэтми къыбгурыІуэну тыншт. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Зэи умылъэгъуа цІыху гуэрым ухуэзэну вокзалым уагъакІуэ. Дауэ ар къызэрыпцІыхунур? Абы и теплъэм теухуауэ къыбжаІэм и фІыгъэкІэ уэ ар къэпцІыхуфынущ. Абы ещхьу Иеговэ бегъымбархэр къигъэсэбэпу Мэссихьым теухуауэ куэд цІыхухэм къахузэІуихащ: сыт абы илэжьынуми икІи сыт абы къыщыщІынуми. Мэссихьым теухуауэ Иеговэ жиІа псалъэу хъуар Хьисэ деж гъэзэщІа щыхъуащ. Мэссихь хъуар зэры-Хьисэр къэзыщІэну хуей дэтхэнэми а Іуэхур зэхигъэкІыну иджы Іэмал иІэщ.

7. Хьисэ зэры-Мэссихьым сыт хуэдэ ІуэхугъуитІ щыхьэт техъуэрэ?

7 Мэссихь теухуауэ къэхъун хуейхэм щыщу Библием иратхауэ щыта ІуэхугъуитІ зэпкърытхынщ. Япэр: Хьисэ къалъхуным илъэс 700 иІэжу бегъымбар Михей жиІат Мэссихьыр Бэтлэхьэм къалэ цІыкІум къызэрыщалъхунур (Михей 5:2). Бегъымбарым зэрыжиІа дыдэм хуэдэу, Хьисэ Бэтлэхьэм къыщалъхуащ! (Маттэ 2:1, 3—9). ЕтІуанэр: бегъымбар Даниил жиІат Мэссихьыр ди эрэм 29-нэ гъэм къызэрыкІуэнур (Даниил 9:25). Хьисэ зэры-Мэссихьым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэдым щыщу тІу зэпкърытхауэ аращ. (13-нэ Приложением еплъ.)

Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ Мэссихь хъуащ

8, 9. Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэр дауэ щыхьэт техъуэрэ ар зэры-Мэссихьым?

8 Абы нэмыщІ Хьисэ зэры-Мэссихьым езы Иеговэ щыхьэт техъуащ. Алыхьым псым щІэзыгъауэу щыта Иуан къигъэгугъат Мэссихьыр къригъэцІыхуну. Ди эрэм 29-нэ гъэм Хьисэ Иордан псыежэхым къыщыкІуам щыгъуэ, ар зэры-Мэссихьыр Иуан къыгурыІуащ. Дапхуэдэу? Мис абы теухуауэ Библием итыр: «Псым зыщІигъэуа иужь Хьисэ псым къыхэкІыжащ. Абы щыгъуэ уафэр зэІукІри, Алыхьым и къару лъапІэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иІэу, Хьисэ къызэрыхуехыр Иуан илъэгъуащ. Уафэми макъ къиІукІащ: „Мыращ сызыхуэарэзы си Къуэ щІасэр“» (Маттэ 3:16, 17, ДЩІ). Апхуэдэу Иуан къыгурыІуащ Хьисэ зэры-Мэссихьыр (Иуан 1:32—34). Хьисэ Иеговэ и къару лъапІэр къыщыхуеха махуэм Мэссихь хъуащ. Лъэпкъ псоми я Пашэу икІи я Пащтыхьу Алыхьым тригъэувар Хьисэу къыщІэкІащ (Исаия 55:4).

9 Аращи, къэхъун хуей псалъэхэу Библием итри, уафэм къиІукІыу Иеговэ жиІа псалъэхэри, Хьисэ псым зыщыщІигъэуам Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыхуехари щыхьэт тохъуэ Хьисэ зэры-Мэссихьым. АдэкІэ зэпкърытхынщ Хьисэ сыт хуэдэ цІыхуу щытами икІи щІылъэм къэкІуэн ипэ ар дэнэ щыІами.

ХЬИСЭ МЭССИХЬ ЩІЫЛЪЭМ КЪЭКІУЭН ИПЭ ДЭНЭ ЗДЭЩЫІАР?

10. Хьисэ Мэссихь щІылъэм къэкІуэн ипэ иІа гъащІэм теухуауэ сыт Библием щыжыІар?

10 Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ Мэссихь щІылъэм къэкІуэн ипэ зэман куэдкІэ уафэм щыпсэуащ. Бегъымбар Михей итхам ар тохуэ. Михей жиІат Мэссихьыр «ижь зэман лъандэрэ» зэрыпсэур (Михей 5:2). Езы Хьиси мызэ-мытІэу жиІат щІылъэм къыщалъхун ипэ ар уафэм зэрыщыпсэуар. (Къеджэ Иуан 3:13; 6:38, 62; 17:4, 5.) Хьисэ иджыри уафэм щыщыІэми Иеговэрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлът.

11. Иеговэ и дежкІэ Хьисэ псом хуэмыдэу сыт щІэлъапІэр?

11 Иеговэ и дежкІэ Хьисэ псом хуэмыдэу лъапІэщ. Сыт щхьэкІэ? Иеговэ ар псом япэ къигъэщІащ. Аращ Хьисэ «Тхьэм къигъэщІа псоми я щыгум иткІэ» щІеджэр (Колоссэ 1:15) *. Иеговэ Хьисэ фІыуэ щІилъагъум иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: Иеговэ езым и закъуэу а зыращ къигъэщІар. Библиер Хьисэ «Къуэ закъуэкІэ» йоджэ (Иуан 3:16). Иеговэ псори къыщигъэщІым Хьисэ закъуэщ зыдигъэІэпыкъуар (Колоссэ 1:16). Абы нэмыщІ а зыращ Библиер «ПсалъэкІэ» зэджэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ зыгуэр яжриІэн папщІэ Иеговэ къигъэсэбэпар Хьисэщ (Иуан 1:14).

12. Хьисэ Мэссихьрэ Алыхьымрэ тІури зыуэ зэрыщымытыр дэнэ дэ щытщІэр?

12 Языныкъуэ цІыхухэм Хьисэ Мэссихьрэ Алыхьымрэ тІури зыуэ ябж. Ауэ абы теухуауэ сыт Библием жиІэр? Хьисэ Алыхьым къыщигъэщІакІэ, абы и гъащІэм щІэдзапІэ иІащ. Ауэ Иеговэ и гъащІэм щІэдзапІэ иІакъым, езыращ псоми щІэдзапІэ езытар (Псалом 90:2). Алыхьым и пащхьэм щиІыгъ увыпІэр — ар абы и Къуэу зэрыщытыр — Хьисэ сыт щыгъуи ищІэжт икІи и Адэм и увыпІэр иубыдыну ар зэи хэтакъым. Библием жеІэ Адэр Къуэм нэхърэ зэрынэхъыщхьэр. (Къеджэ Иуан 14:28; 1 Коринф 11:3.) Иеговэ закъуэщ «псори зыхузэфІэкІ» АлыхькІэ Библиер зэджэр (ЩІэдзапІэ 17:1). Иеговэ хуэдэ зыри щыІэкъым икІи мы дунеишхуэм ар псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. (14-нэ Приложением еплъ.)

13. Хьисэ теухуауэ сыт Библием мыпхуэдэу щІыжиІэр: «Мэссихь цІыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иІэщ»?

13 Уафэмрэ щІылъэмрэ къагъэщІыным иджыри зэман куэд иІэу Иеговэрэ и Къуэмрэ илъэс миллиард бжыгъэкІэ зэдэлэжьащ. ДауикІ, абы и фІыгъэкІэ абыхэм я зэхуакум лъагъуныгъэ куу къыдыхьащ! (Иуан 3:35; 14:31). Хьисэ и Адэм сыткІи ещхьщ, аращ Библием абы теухуауэ мыпхуэдэу щІыжиІэр: «Мэссихь цІыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иІэщ» (Колоссэ 1:15).

14. Алыхьым и Къуэ щІасэр дауэ мы дунейм къызэрытехьар?

14 Иеговэ и Къуэ щІасэм арэзыуэ уафэр къигъанэри, щІылъэм къехащ. Ди щІылъэм къехын папщІэ, ар цІыхуу дунейм къытехьэн хуейт. Дапхуэдэу ар къызэрыхъуар? Иеговэ Іуэху телъыджэ ищІащ: хъыджэбздэс Мэрием лъэщыджэ хъури, дагъуэ зимыІэ щІалэ цІыкІу къилъхуащ. Сабийм Хьисэ фІищащ (Лука 1:30—35).

ХЬИСЭ МЭССИХЬ СЫТ ХУЭДЭ ЦІЫХУУ ЩЫТА?

15. Иеговэ теухуауэ дауэ нэхъыбэ къызэрыпщІэфынур?

15 Езы Хьисэ, абы и гъащІэм икІи и хьэл-щэнхэм теухуауэ Маттэ, Марк, Лука, Иуан сымэ ятхыжа ХъыбарыфІхэм куэд къыщыпщІэфынущ. Хьисэ и щапхъэм езы Иегови къыдегъэцІыху, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Къуэр и Адэм егъэлеяуэ ещхьщ. Зэгуэр Хьисэ жиІат: «Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапІэри илъэгъуащ» (Иуан 14:9).

16. Хьисэ цІыхухэр сытыт зыхуригъаджэр? Хьисэ зыхуригъаджэр хэтыт къызыбгъэдэкІыр?

16 Куэдыр Хьисэ Мэссихь «Дин егъэджакІуэкІэ» еджэт (Иуан 1:38; 13:13). Сытыт абы цІыхухэр зыхуригъаджэр? Япэ дыдэу «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» абы игъэІут. Сыт зищІысыр Тепщэныгъэшхуэр? Ар Алыхьым уафэм щытригъэува и Пащтыхьыгъуэщ икІи щІылъэ псом и тепщэу а Пащтыхьыгъуэр щытынущ. А Пащтыхьыгъуэм Иеговэ хуэжыІэдаІуэхэм фІыгъуэ куэд яхуищІэнущ (Маттэ 4:23). Хьисэ зыхуригъаджэ псори къызыбгъэдэкІыр Иеговэт. «Сэ цІыхухэм езгъащІэ псалъэхэр къызыбгъэдэкІыр сэракъым, атІэ сэ сыкъэзыгъэкІуаращ»,— жиІат Хьисэ (Иуан 7:16). Иеговэ хуейт и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм зэхахыну. Хьисэ ар къыгурыІуэти, хъыбарыфІыр жыджэру игъэІут.

17. Дэнэт Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІур? Хьисэ и къаруми и зэманми щымысхьу цІыхухэр куэду сытыт щІригъаджэр?

17 Дэнэт Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІур? ЦІыху здэщыІэ дэтхэнэ зы щІыпІэми: къалэхэм, къуажэхэм, синэгуэгухэм, Алыхьым и унэшхуэм, бэзэрым, унэ-унэкІэ (Марк 6:56; Лука 19:5, 6). Хьисэ и къаруми и зэманми щымысхьу цІыхухэр куэду иригъаджэт. Сыт щхьэкІэ? Алыхьыр арат зыхуейр икІи Хьисэ сыт щыгъуи абы и жыІэм щІэтт (Иуан 8:28, 29). Хьисэ хъыбарыфІыр щІигъэІум иджыри щхьэусыгъуэ хуэхъут гущІэгъу хэлъу ар цІыхухэм зэрахущытыр. (Къеджэ Маттэ 9:35, 36.) Хьисэ и зэманым псэуа дин егъэджакІуэхэм цІыхухэр Алыхьымрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуауэ ирагъаджэртэкъым. Хьисэ ар илъагъути, цІыхухэм ядэІэпыкъуну хуейт.

18. Хьисэ Мэссихь и хьэл-щэнхэм щыщу уэ сыт хуэдэхэра нэхъ уигу ирихьыр?

18 Хьисэ Мэссихь цІыхухэр фІыуэ илъагъут икІи и нэІэ абыхэм ятригъэтт. Ар цІыху щабэт икІи абы зыхуэбгъэзэну тыншт. Хьисэ игъусэну сабийхэми яфІэфІт (Марк 10:13—16). Хьисэ нэфІ-ней хэлътэкъым икІи Іулъхьэ тынымрэ хабзэншагъэмрэ илъагъу хъутэкъым (Маттэ 21:12, 13). Хьисэ щыпсэуа зэманым цІыхубзхэм я хуитыныгъэм куэдыр елъэпауэт икІи абыхэм пщІэ хуащІтэкъым. Ауэ Хьисэ цІыхубзхэм пщІэ яхуищІт (Иуан 4:9, 27). Абы нэмыщІ Хьисэ Іэдэбагъ хэлът. Зэгуэр абы апостолхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІащ. Апхуэдэ лэжьыгъэр зыгъэзащІэ хабзэр унэІутырат (Иуан 13:2—5, 12—17).

Хьисэ Мэссихь цІыху здэщыІэ дэтхэнэ зы щІыпІэми хъыбарыфІыр щигъэІурт

19. Хьисэ цІыхухэр зыхуэныкъуэр ищІэу икІи абыхэм ядэІэпыкъуну хуейуэ зэрыщытам щыхьэт техъуэ щапхъэ къэхь.

19 Хьисэ цІыхухэр зыхуэныкъуэр ищІэт икІи абыхэм ядэІэпыкъуну хуейт. Абы щыхьэт тохъуэ Алыхьым и къарукІэ абы ищІа телъыджэхэр (Маттэ 14:14). Зы щапхъэ къэтхьынщ. Зэгуэр уэшын уз зэфыкІ цІыхухъу Хьисэ къыбгъэдыхьэри къыжриІащ: «Ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ». А цІыхухъум хьэзаб ишэчыр Хьисэ щилъагъум, и гур щІэузри дэІэпыкъуащ. И Іэр ишийщ, теІэбэри, Хьисэ жиІащ: «Сыхуейщ, узыншэ хъуж!» Уэшын узыр асыхьэтым щхьэщыкІри, лІыр узыншэ хъужащ! (Марк 1:40—42). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт а цІыхухъур зэрыгуфІар!

ХЬИСЭ И АДЭМ СЫТ ЩЫГЪУИ ХУЭПЭЖТ

20, 21. Алыхьым жыІэдаІуэу къыхуэнэным теухуауэ Хьисэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэ дигъэлъэгъуауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

20 Алыхьым жыІэдаІуэу къыхуэнэным теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр дэзыгъэлъэгъуар Хьисэщ. Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ имыхуами, ар и Адэм и пащхьэм къабзэу къыщынэт. Хьисэ Иеговэ хуэпэжу къэнащ, ШейтІаным абы гуэныхь иригъэщІэну щыхэтам щыгъуи (Маттэ 4:1—11). Хьисэ зэры-Мэссихьыр и Іыхьлыхэм я фІэщ хъутэкъым икІи «Абы зищІэжыркъым» къыхужаІэт (Марк 3:21). Абы щыгъуэми Хьисэ Алыхьым и унафэр игъэзэщІэн щигъэтакъым. Бийхэм лей къыщытрагъэхьэми, Хьисэ Иеговэ епцІыжакъым — илъ ищІэжыну хэтакъым (1 Петр 2:21—23).

21 Хьэзаб куэд ирагъэшэчу, цІыху гущІэгъуншэхэм яукІыну зыщагъэхьэзырым щыгъуи, Хьисэ и Адэм хуэпэжу къэнащ. (Къеджэ Филиппи 2:8.) Хьисэ щаукІыну махуэм гугъуехь куэд ишэчын хуей хъуащ: ар яубыдащ, Алыхьым епцІыжа хуэдэу абы пцІы тралъхьащ, яукІыну судыщІэ напэншэхэм абы тезыр тралъхьащ, цІыхухэм ар ягъэпудащ, рим зауэлІхэм абы лей къытрагъэхьащ, икІэм-икІэжым пкъом ираІулІри яукІащ. И псэр хэкІын ипэ Хьисэ жиІащ: «Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ» (Иуан 19:30). Хьисэ яукІа иужь ещанэ махуэм Алыхьым ар къигъэтэджыжащ. Иеговэ абы Іэпкълъэпкъ нэрымылъагъу иритащ (1 Петр 3:18, ХъыбарыфІыр, 1993). Тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІри, Хьисэ уафэм дэкІуеижащ икІи «Тхьэм и ижьырабгъумкІэ щысыну бгъэдэтІысхьащ» (Еврейхэм 10:12, 13). Абдежым щыщІэдзауэ Алыхьым ар Пащтыхь щищІыну зэманым пэплъэу щІидзащ.

22. Хьисэ и Адэм хуэпэжу къызэрынам дэ сыт хуэдэ Іэмал къыдитар?

22 Хьисэ и Адэм хуэпэжу къызэрынам дэ гъащІэ мыухыж диІэу жэнэтыщІым дыщыпсэуну Іэмал къыдитащ. Арат Иеговэ ипэ дыдэм иІа мурадыр. Ди гугъэ дахэр Хьисэ и лІэныгъэм зэрыпыщІам теухуауэ къыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм къыщытщІэнущ.

^ абз. 11 Иеговэ псори къигъэщІащи, Библиер абы АдэкІэ йоджэ (Исаия 64:8). Хьисэ езы Алыхьым къызэригъэщІам щхьэкІэ, абы КъуэкІэ йоджэ. МелыІычхэми цІыхухэми Библиер Алыхьым и бынкІэ щеджэ къохъу (ЩІэдзапІэ 6:2; Рим 8:14).