Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Щхьэщэхужыр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ

Щхьэщэхужыр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ

1, 2. 1) Тыгъэу уи гъащІэм къыуатахэм щыщу сыт хуэдэра нэхъыфІ дыдэу плъытэр? 2) Алыхьым къыдита тыгъэхэм щыщу щхьэщэхужыр псом нэхърэ нэхъ лъапІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?

ТЫГЪЭУ уи гъащІэм къыуатахэм щыщу сыт хуэдэра нэхъыфІ дыдэу плъытэр? ДауикІ, ар гуфІэгъуэ къыпхуэзыхьа икІи узыхуэныкъуэ дыдэу къыщІэкІа тыгъэращ. ИкІи ар лъэпсейуэ щыту къыщІэкІынкъым.

2 Алыхьым дэ тыгъэ куэд къыдитащ. Ауэ абыхэм щыщу зыр псом хуэмыдэу лъапІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыхуу хъуар хуэныкъуэщ. Мы псалъащхьэм къыщытщІэнущ Иеговэ и Къуэ Хьисэ щІылъэм къызэригъэкІуам теухуауэ икІи, цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэун щхьэкІэ, Хьисэ и гъащІэр къурмэныпхъэу зэритар. (Къеджэ Маттэ 20:28.) Иеговэ Хьисэ къызэрытхуигъэкІуам и лъагъуныгъэр къыхощ.

ЩХЬЭЩЭХУЖЫР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?

3. Сыт цІыхухэр щІэлІэр?

3 Иеговэ цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІихын щхьэкІэ щІита уасэм щхьэщэхужкІэ йоджэ (Ефес 1:7). Иеговэ дэр щхьэкІэ щхьэщэхужыр итын хуей щІэхъуар къыдгурыІуэн папщІэ, илъэс мин бжыгъэ ипэ Іэдэн жыг хадэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм и гугъу тщІынщ. Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь ящІат. Абы щхьэкІэ ахэр лІащ икІи къатехъукІа я щІэблэм гуэныхьыр иратащ. Гуэныхьым и ягъэкІэ цІыхухэм лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ. (9-нэ Приложением еплъ.)

4. Іэдэм теухуауэ сыт Библием къыщытщІэр?

4 Иеговэ япэ цІыхухъу Іэдэм цІыху дагъуэншэу къигъэщІат. Іэдэм и акъылымрэ и Іэпкълъэпкъымрэ дагъуэ иІэтэкъым. Ар зэи сымаджэ хъунутэкъым икІи жьы хъууэ дунейм ехыжынутэкъым. Іэдэм и дежкІэ Иеговэ адэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ар къигъэщІат (Лука 3:38, ДЩІ). Ахэр щІэх-щІэхыурэ зэпсалъэрт. Іэдэм ІупщІу къыгурыІуэт Алыхьыр абы сыткІэ къыщыгугъми. Иеговэ Іэдэм лэжьыгъэ гъэщІэгъуэн иритат (ЩІэдзапІэ 1:28—30; 2:16, 17).

5. Иеговэ Іэдэм «езым ещхьу къигъэщІащ» жиІэмэ сыт къикІыр?

5 Иеговэ Іэдэм «езым ещхьу къигъэщІащ» (ЩІэдзапІэ 1:27). Сыт абы къикІыр? Иеговэ езым хэлъ хьэл-щэнхэр Іэдэми хилъхьащ, псалъэм папщІэ лъагъуныгъэр, Іущагъыр, захуагъэр, къарур. ИщІэным теухуауэ Алыхьым Іэдэм хуитыныгъэ иритат. Псалъэм папщІэ, унафэ пэжхэр езым къищтэну хуитт. Алыхьым ар гъущІ машинэу къигъэщІатэкъым. Іэдэм Алыхьым и унафэм щІэмыкІатэмэ, гъащІэ мыухыж иІэу жэнэтым щыпсэуфынут.

6. Іэдэм Алыхьым и жыІэм щыщІэкІам щыгъуэ, сыт абы фІэкІуэдар? Іэдэм ищІа унафэм сыт дэ къытхуихьар?

6 Іэдэм Алыхьым и жыІэм щІэкІри, лъапІэу иІэр фІэкІуэдащ: Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэмрэ гъащІэ дахэмрэ. Иджы абы къыпэщылъыр лІэныгъэт (ЩІэдзапІэ 3:17—19). Алыхьым и унафэм щебэкъуам, Іэдэмрэ Хьэуарэ гъащІэ мыухыж яІэу псэуну яІа Іэмалыр яфІэкІуэдащ. «Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкІар зы цІыхущ. Гуэныхьым щІыгъуу лІэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цІыху псоми гуэныхь зэращІам щхьэкІэ лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ» (Рим 5:12). Іэдэм гуэныхь щищІам щыгъуэ, езыри дэри гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ пщылІу дрищауэ жыпІэ хъунущ (Рим 7:14). Ауэ Алыхьым хэкІыпІэ къигъуэтащ.

7, 8. Щхьэщэхужыр сыт зищІысыр?

7 Щхьэщэхужыр сыт зищІысыр? ЦІыху гъэрыр е хьэпшып гуэрыр къащэхужын щхьэкІэ щІат уасэм щхьэщэхужкІэ йоджэ. Щхьэщэхужыр къащэхужым и уасэм пэкІуэу щытын хуейщ.

8 Іэдэм фІэкІуэдам пэкІуэ уасэ цІыхухэм зыми яІэтэкъым. Ауэ дэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъызэрыІэщІихын Іэмал Иеговэ къигъуэтащ. Щхьэщэхужыр Иеговэ дэр щхьэкІэ зэритам икІи абы ди гъащІэр нэхъыфІ зэрищІым теухуауэ нэхъыбэ къэдгъащІэ.

ЩХЬЭЩЭХУЖЫР ИЕГОВЭ ДЭР ЩХЬЭКІЭ ЗЭРИТАР

9. Хэт и гъащІэрат щхьэщэхуж хъуфынур?

9 Дэ тщыщ зыми Іэдэм фІэкІуэда гъащІэ дагъуэншэр къищэхужыфынукъым. Сыт щхьэкІэ? Дэ псоми гуэныхь тхэлъщи (Псалом 49:7, 8). Щхьэщэхуж хъуфынур дагъуэ зимыІэ гъащІэт. Хьисэ теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм мыпхуэдэу жеІэ: «Абы и псэр цІыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ» (1 Тимофей 2:6). Хьисэ дэр щхьэкІэ ита и гъащІэ дагъуэншэр Іэдэм фІэкІуэдам уасэкІэ пэкІуэт.

10. Щхьэщэхужыр итын щхьэкІэ Иеговэ сыт ищІар?

10 Щхьэщэхужыр итын щхьэкІэ Иеговэ сыт ищІар? Япэ дыдэу езым къигъэщІа и Къуэ щІасэр щІылъэм къигъэкІуащ (1 Иуан 4:9, 10). И Адэмрэ уафэм щыІэ и унэмрэ Хьисэ къигъэнэну хьэзырт (Филиппи 2:7). Иеговэ и къарукІэ Хьисэ дунейм цІыхуу къытехьащ, ауэ, адрей цІыхухэм елъытауэ, абы гуэныхь хэлътэкъым (Лука 1:35).

Иеговэ и Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ щхьэщэхужу итащ

11. ЦІыху псом папщІэ зыгуэрым щхьэщэхужыр итыфынут?

11 Іэдэм Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, гъащІэ мыухыж иІэу псэуну иІа Іэмалыр фІэкІуэдащ. Дэри а Іэмалыр къыттрихащ. Іэдэм и щІэблэр зыгуэрым гуэныхьым къыІэщІихыфынут? НтІэ, къыІэщІихыфынут. (Къеджэ Рим 5:19.) Ар зыщІар Хьисэ Мэссихьщ. Абы и гъащІэ дагъуэншэр щхьэщэхужу итащ (1 Коринф 15:45). Абы и фІыгъэкІэ Іэдэм къытехъукІа цІыхухэр лІэныгъэм къыІэщІэкІыфынущ (1 Коринф 15:21, 22).

12. Сытыт Хьисэ гугъуехь хьэлъэхэр щІишэчын хуейр?

12 ЛІэн ипэ Хьисэ ишэча хьэзабым теухуауэ Библием къытхуеІуатэ. Ар гущІэгъуншэу щІопщкІэ яукІа иужь, пкъом ираІулІри лІэну къагъэнащ (Иуан 19:1, 16—18, 30). Сытыт апхуэдиз хьэзаб Хьисэ щІишэчын хуейр? Иблисым жиІат гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуа зы цІыху Алыхьым пэжу къыхуэмынэну. Хьисэ къигъэлъэгъуащ цІыху дагъуэншэр, гугъуехь хьэлъэхэм емылъытауэ, Иеговэ хуэпэжу къызэрынэфынур. ДауикІ, Иеговэ и Къуэм ирипагэт! (Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр; 15-нэ Приложением еплъ).

13. Иеговэ щхьэщэхужыр дэр щхьэкІэ дауэ зэритар?

13 Иеговэ щхьэщэхужыр дэр щхьэкІэ дауэ зэритар? Ди эрэм 33-нэ гъэм, нисан мазэм и 14-нэм Хьисэ яукІащ (Еврейхэм 10:10). Хьисэ яукІа иужь ещанэ махуэм Иеговэ ар къигъэтэджыжащ, ауэ абы иритар цІыху Іэпкълъэпкъкъым, атІэ мелыІычхэм яІэм хуэдэ Іэпкълъэпкъ нэрымылъагъущ. Хьисэ уафэм дэкІуеижа иужь, цІыху дагъуэншэм и гъащІэм и уасэр и Адэм иритащ. Апхуэдэу, абы щхьэщэхужыр дэр щхьэкІэ итащ (Еврейхэм 9:24). Иеговэ щхьэщэхужыр Хьисэ къыІрихащ, иджы гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІэкІыну Іэдэм и щІэблэм Іэмал игъуэтащ. (Къеджэ Рим 3:23, 24.)

ДАУЭ ЩХЬЭЩЭХУЖЫМ УИ ГЪАЩІЭР НЭХЪЫФІ ЗЭРИЩІЫФЫНУР?

14, 15. Ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

14 Алыхьым къыдита тыгъэ лъапІэм фІыгъуэ куэд къытхуехь. Щхьэщэхужым нобэ ди гъащІэр нэхъыфІ зэрищІым икІи дяпэкІэ къытхуищІэнум и гугъу тщІынщ.

15 Ди гуэныхьхэр къытхуогъу. Дэ щІэх-щІэхыурэ щыуагъэ гуэрхэр дощІэ, пэжкъэ? Мыхъун гуэр щыжытІэ е щытщІэ къохъу. Гугъущ щыуагъэ лъэпкъ умыщІэну (Колоссэ 1:13, 14). Ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Гуэныхь тщІам гурэ псэкІэ дыхущІегъуэжмэ икІи Іэдэбагъ тхэлъу Иеговэ къытхуигъэгъуну делъэІумэ, ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ къызэрытхуигъэгъунур (1 Иуан 1:8, 9).

16. Ди напэр къабзэу къэнэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

16 Напэ къабзэр. Мыхъун гуэр тщІа иужь, ди напэр къыдэныкъуэкъуу щІедзэ. Дыкъуаншэу зыдолъытэж икІи зыри пхузэмыгъэзэхуэжын хуэдэу къытщохъу. Ауэ хэкІыпІэ щыІэщ. Иеговэ делъэІумэ, абы дызэхихыу къызэрытхуигъэгъунум шэч къытедмыхьэми хъунущ (Еврейхэм 9:13, 14). Иеговэ хуейщ ди гугъуехьхэмрэ гуэныхь дызэбэнхэмрэ теухуауэ хуэтІуэтэну (Еврейхэм 4:14—16). Апхуэдэу тщІэмэ, Алыхьыр ди ныбжьэгъуу къэнэнущ.

17. Хьисэ и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр дэ къытлъысыну?

17 ГъащІэ мыухыжым теухуауэ диІэ гугъэр. «Гуэныхь щІэным къыхэкІыр лІэныгъэщ, ауэ... Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкІуэдыжын гъащІэщ» (Рим 6:23). Хьисэ и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ, дэ узыр зищІысыр дымыщІэу игъащІэкІэ дыпсэуфынущ (Апокалипсис 21:3, 4). Ауэ а фІыгъуэхэр къытлъысын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

ЩХЬЭЩЭХУЖЫР ФІЫЩІЭ ПЩІЫРЭ?

18. Дэнэ дэ щытщІэр Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур?

18 Тыгъэ гуэр къыщыуатам щыгъуэ, уи гум зыхищІар уэ пщІэжу къыщІэкІынщ. Дэ къызэрытщІащи, щхьэщэхужыр тыгъэу щыІэм я нэхъ лъапІэщ икІи абы щхьэкІэ дэ Иеговэ фІыщІэ хуэтщІын хуейщ. Иуан 3:16 щыжыІащ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ». Иеговэ фІыуэ дыкъелъагъу, аращ абы и Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ щІитар. Хьисэ арэзыуэ и псэр дэр щхьэкІэ зэритамкІэ къигъэлъэгъуащ абыи дэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур (Иуан 15:13). ДауикІ, щхьэщэхужыр щыхьэт тохъуэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ дыкъызэралъагъум (Галатие 2:20).

Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху, абы нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ икІи ар нэхъыфІу тлъагъунущ

19, 20. 1) Иеговэ и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ сыт уэ пщІэн хуейр? 2) Хьисэ ита щхьэщэхужыр уи фІэщ зэрыхъур дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

19 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум, шэч хэмылъу, дыхуегъэуш абы гъунэгъу зыхуэтщІыну. Ауэ фІыуэ умыцІыхур уи ныбжьэгъу пщІыну гугъущ. Аращ Иуан 17:3 щІыжиІэр Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн хуейуэ. Дапхуэдэу? Библиер адэкІи джы. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъунущ икІи ар бгъэгуфІэну гукъыдэж уиІэнущ. Апхуэдэурэ, Алыхьыр уи ныбжьэгъу хъунущ (1 Иуан 5:3).

20 Щхьэщэхужыр быдэу уи фІэщ щІы. Библием щыжыІащ: «Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэм мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъуащ» (Иуан 3:36). Хьисэ Мэссихь уи фІэщ зэрыхъур дауэ уэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур? Хьисэ зыхуригъаджэу щытам утету узэрыпсэум уи фІэщхъуныгъэр къыхэщынущ (Иуан 13:15). Хьисэ уи фІэщ зэрыхъур уи псалъэ закъуэхэракъым, атІэ уи ІуэхущІафэхэми къыхэщын хуейщ. Екъуб 2:26 итщ: «ФІыщІагъэхэр зыщІымыгъу фІэщхъуныгъэм псэ хэткъым». Хьисэ ита къурмэныпхъэр ди фІэщ зэрыхъур ди ІуэхущІафэхэм къагъэлъэгъуэнущ.

21, 22. 1) Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм илъэс къэс дыкъекІуэлІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? 2) 6-нэ, 7-нэ псалъащхьэхэм сыт къыщытщІэнур?

21 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гъусэу гъэлъапІэ. Хьисэ унафэ къытхуищІащ щылІа махуэр дгъэлъэпІэну. А унафэм дытету, дэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр илъэс къэс догъэлъапІэ (1 Коринф 11:20; Маттэ 26:26—28). Хьисэ хуейт и гъащІэ дагъуэншэр дэр щхьэкІэ зэритар зыщыдмыгъэгъупщэну. Абы жиІат: «Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ». (Къеджэ Лука 22:19, ДЩІ.) Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъызэрекІуалІэмкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ щхьэщэхужыр лъапІэу зэрытлъытэр икІи Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрытщІыр. (16-нэ Приложением еплъ.)

22 Пэж дыдэу, щхьэщэхужыр Алыхьым цІыхухэм яхуищІа тыгъэ лъапІэщ (2 Коринф 9:14, 15). Щхьэщэхужыр ди лІа нэгъуни сэбэп яхуэхъунущ. Дапхуэдэу? Абы теухуауэ 6-нэ, 7-нэ псалъащхьэхэм къыщытщІэнущ.