Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

13 ПСАЛЪАЩХЬЭР

ГъащІэм пщІэ хуэщІ

ГъащІэм пщІэ хуэщІ

1. Хэт гъащІэр къыдэзытар?

ИЕГОВЭ — гъащІэр къызыбгъэдэкІ Алыхь пэжщ (Иеремия 10:10). Иеговэ теухуауэ Библием щыжыІащ: «Псори къэзыгъэщІар уэращ, уэ уфІэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащІэ яІэ хъуащ» (Апокалипсис 4:11). Дэ дызэрыпсэур Алыхьым и фІыгъэщ. ГъащІэр — Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ. (Къеджэ Псалом 36:9.)

2. Ди гъащІэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

2 Ерыскъыр, псыр икІи нэгъуэщІ дызыхуэныкъуэ псори Иеговэ къыдет (Апостолхэм 17:28). Абы нэмыщІ ар хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну (Апостолхэм 14:15—17). Ди гъащІэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, дэ Алыхьым и хабзэхэр дгъэзэщІэн хуейщ (Исаия 48:17, 18).

АЛЫХЬЫМ ГЪАЩІЭР ЛЪАПІЭУ ЕЛЪЫТЭ

3. Къаин Хьэбэл щиукІам щыгъуэ Иеговэ сыт ищІар?

3 Библием дэ къыщыдощІэ Иеговэ и дежкІэ цІыхум и гъащІэр зэрылъапІэр. Пасэм къэхъуа зы Іуэхугъуэм ар къыхощ. Іэдэмрэ Хьэуарэ я къуэ Къаин и къуэш нэхъыщІэ Хьэбэл хуэгубжьат. Дауэ Иеговэ абы зэреплъар? Иеговэ Къаин жриІащ губжьым ар ебэнын зэрыхуейр. Ауэ Къаин Алыхьым жиІэм едэІуакъым. Ар «пэуващ Хьэбэл, и къуэшым, икІи ар иукІащ» (ЩІэдзапІэ 4:3—8). Къаин Хьэбэл зэриукІам щхьэкІэ Иеговэ абы тезыр трилъхьащ (ЩІэдзапІэ 4:9—11). Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? Зыгуэрым ухуэгубжьынымрэ плъагъу мыхъунымрэ шынагъэ пылъщ — лей зезыхьэ цІыху ухъункІэ хъунущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, бзаджэхэмрэ гущІэгъуншэхэмрэ гъащІэ мыухыжыр къалъысынукъым. (Къеджэ 1 Иуан 3:15.) Иеговэ арэзы тщІыну дыхуеймэ, дэ цІыхухэр фІыуэ тлъагъун хуейщ (1 Иуан 3:11, 12).

4. Иеговэ журт лъэпкъым «цІыху умыукІ» жиІэу ирита унафэм сыт къигъэлъагъуэр?

4 Иеговэ гъащІэр лъапІэу зэрилъытэр сыт иджыри къэзыгъэлъагъуэр? Бегъымбар Мусэ къигъэсэбэпри Иеговэ журт лъэпкъым мыпхуэдэ унафэ иритат: «ЦІыху умыукІ» (Второзаконие 5:17). А унафэм ебакъуэу, хуейуэ цІыху зыукІыр езыр яукІыжын хуейт.

5. Сабийр егъэкъутэжыным Иеговэ дауэ зэрыхущытыр?

5 Сабийр егъэкъутэжыным Иеговэ дауэ зэрыхущытыр? Ар гуэныхьышхуэу елъытэ. Дэнэ ар щытщІэр? Алыхьым журт лъэпкъым ирита унафэхэм щыщ зым зэрыжиІэмкІэ, зыгуэр цІыхубз уэндэгъум еуэрэ, абы и сабийр фІэкІуэдмэ, абы еуар яукІыжын хуейт. (Къеджэ Исход 21:22, 23; Псалом 127:3). Сабий къамылъхуам и гъащІэ нэгъуни Иеговэ и дежкІэ зэрылъапІэр гурыІуэгъуэщ. (28-нэ Приложением еплъ.)

6, 7. ГъащІэр лъапІэу зэрытлъытэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

6 ГъащІэр лъапІэу зэрытлъытэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Ди гъащІэми нэгъуэщІым ейми зэран хуэхъун гуэр тщІэнукъым: псалъэм папщІэ, дэ тутын дефэнукъым, наркотик зэтхьэлІэнукъым икІи насвай дгъэныщкІунукъым. Сыт щхьэкІэ? А псор узыфэхэмрэ лІэныгъэмрэ ухуэзышэ Іуэху фІейхэщ.

7 Ди Іэпкълъэпкъри Алыхьым къыдита тыгъэщ. Иеговэ хуейщ дэ ди узыншагъэм дыкІэлъыплъыну. Іуэху фІей зезыхьэ цІыхур Алыхьым и дежкІэ къабзэкъым (Рим 6:19; 12:1; 2 Коринф 7:1). ГъащІэм пщІэ хуэдмыщІмэ, дэ Алыхьым и лэжьакІуэ дыхъуфынукъым. Іуэху фІейхэр къэбгъэнэну, дауикІ, тыншкъым, ауэ Иеговэ Іэмал имыІэу къыбдэІэпыкъунущ.

8. Ди щхьэми нэгъуэщІхэми зэран дахуэмыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

8 Зэрытлъагъущи, гъащІэр — тыгъэ лъапІэщ. Ди щхьэми нэгъуэщІхэми зэран дахуэмыхъун щхьэкІэ, дэ къару етхьэлІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, машинэ, мотоцикл е нэгъуэщІ зыгуэр щызетхуэм деж дысакъын хуейщ. Узыншагъэм зэран хуэхъу икІи гущІэгъуншагъэ зыхэлъ спортым дэ пэІэщІэ зыхудощІ (Псалом 11:5). Абы нэмыщІ узыншагъэм е гъащІэм зэран хуэхъун гуэр къытщымыщІын щхьэкІэ, ди унэми дыкІэлъыплъын хуейщ. Алыхьым и унафэм щыжыІат: «УнэщІэ щыбухуэм деж, унащхьэм цІыху гуэр къехуэхыу, абы и лъыр уи унагъуэм къытемыхуэн щхьэкІэ, унащхьэм къекІуэкІыу блын лъахъшэ ІущІыхь» (Второзаконие 22:8).

9. Псэущхьэхэм дауэ дазэрыхущытын хуейр?

9 Псэущхьэхэм дазэрыхущытми Иеговэ мыхьэнэ ирет. ЦІыхум псэущхьэр иукІ хъунущ, шхын е щыгъын хуеймэ, е и гъащІэм щхьэкІэ абы шынагъэ къыбгъэдэкІмэ (ЩІэдзапІэ 3:21; 9:3; Исход 21:28). Ауэ абыхэм гущІэгъуншэу уахущыт е уи нэгу зебгъэужьын щхьэкІэ быукІ хъунукъым (Притчи 12:10, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ГЪАЩІЭР ЛЪАПІЭУ ЛЪЫТЭ

10. Дэнэ дэ щытщІэр лъым гъащІэр къызэригъэлъагъуэр?

10 Иеговэ и дежкІэ лъыр лъапІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъым гъащІэр къегъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, Къаин Хьэбэл щиукІам щыгъуэ Иеговэ абы мыпхуэдэу жриІащ: «Уи къуэшым илъ бгъэжащ, къыщІоІукІ абы и гуІэ макъыр [и лъыр, ДЩІ] щІы щІагъым» (ЩІэдзапІэ 4:10). Мы едзыгъуэм къызэрыхэщымкІэ, Хьэбэл и лъым абы и гъащІэр къигъэлъагъуэт. Лъы зэригъэжам щхьэкІэ Къаин тезыр къытехуащ. Псыдзэшхуэ нэужьми Иеговэ цІыхухэм яригъэлъэгъуащ лъым гъащІэр къызэригъэлъагъуэр. Алыхьым Нухьрэ абы и унагъуэмрэ яжриІащ: «Псэууэ зекІуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантІэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ. Ауэ лъы зыхэлъ лы фымышх, ар абы и псэращи [и гъащІэращи]» (ЩІэдзапІэ 1:29; 9:3, 4). Иеговэ цІыхухэр хуит ищІакъым лъы зыщІэт лы абыхэм яшхыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъым псэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ гъащІэр, къегъэлъагъуэ.

11. Сыт хуэдэ унафэт Иеговэ журт лъэпкъым иритар?

11 Псыдзэшхуэм иужь илъэс щий хуэдиз дэкІауэ Иеговэ и лъэпкъым мыпхуэдэ унафэ иритащ: «Израилым и къуэхэм ящыщ гуэрым е уи гъусэу псэу хэхэс гуэрым пшхы хъун хьэкІэкхъуэкІэ е бзу къиубыдмэ, абы лъыр щІигъэжын икІи а лъым щІы тритхъуэжын хуейщ». Абы нэмыщІ Алыхьым жиІащ: «Лъы фымышх» (Левит 17:13, 14). Зэрытлъагъущи, а зэманми Иеговэ хуейт и лэжьакІуэхэм лъыр лъапІэу ялъытэну. Лы яшхыну хуит ищІами, лъыр яшх хъунутэкъым. Псэущхьэ яукІар яшхын ипэ, абы и лъыр щІым хагъэлъэдэн хуейт.

12. Дауэ дэ лъым дызэрыхущытын хуейр?

12 Хьисэ зэрылІэрэ илъэс зыбжанэ дэкІауэ апостолхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Ерусалим щызэхуэсат. Абыхэм я мурадт Алыхьым журтхэм ярита унафэхэм щыщу сыт хуэдэхэр адэкІи гъэзэщІэн хуейми зэхагъэкІыну. (Къеджэ Апостолхэм 15:28, 29; 21:25.) Иеговэ и фІыгъэкІэ абыхэм къагурыІуащ япэми хуэдэу Алыхьым лъыр лъапІэу зэрилъытэр, езыхэми абы пщІэ зэрыхуащІын хуейр. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и гъэсэнхэм лъы яшх икІи ираф хъунутэкъым. Абы нэмыщІ лъы къызыщІамыгъэжа лыи абыхэм яшх хъунутэкъым. Абыхэм я дежкІэ ар тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэнымрэ зинэ щІэнымрэ хуэдэ гуэныхьышхуэт. Нобэ Иеговэ лъым дауэ зэрыхущытыр? Ар хуейщ дэри лъыр лъапІэу тлъытэну. Аращ дэ лъы щІэдмышхыр икІи абы дыщІемыфэр.

13. Сыт Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм лъы зыщІыхамыгъэлъадэр?

13 Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм лъы зыхагъэлъадэ хъуну? Хьэуэ, хъунукъым. Псалъэм папщІэ, уэ фадэ уефэ мыхъуну дохутырым къибжиІатэмэ, фадэр уи лъынтхуэмкІэ зыхэбгъэлъадэ хъунут? ДауикІ, хъунутэкъым. Абы хуэдэу, лъы пшхы икІи уефэ зэрымыхъунум хохьэ ар зыхэбгъэлъадэ зэрымыхъунур. (29-нэ Приложением еплъ.)

14, 15. Алыхьым и лэжьакІуэхэм гъащІэр лъапІэу ялъытэми, абы и унафэм ебакъуэу я гъащІэр яхъумэну хэткъым. Сыт щхьэкІэ?

14 Лъы зыхыумыгъэлъадэмэ улІэну дохутырхэм къыбжаІэмэ, сыт уэ пщІэнур? Дэтхэнэ зыми езым унафэ ищІын хуейщ лъым теухуауэ Алыхьым къыдита хабзэм тетынрэ темытынрэ. Дэ гъащІэр лъапІэу долъытэри, тхузэфэкІ къэдгъанэкъым ди гъащІэр тхъумэн щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ, дэ лъы зыхэдмыгъэлъадэми, зыдгъэхъужын щхьэкІэ нэгъуэщІ Іэмалхэр къыдолъыхъуэ.

15 ГъащІэр Иеговэ и дежкІэ лъапІэщи, дэ зэрыхъукІэ ди узыншагъэм дыкІэлъоплъ, ауэ лъы зыхэдгъэлъадэкъым. Алыхьым и унафэм дебакъуэу ди гъащІэр тхъумэным нэхърэ, абы жыІэдаІуэу дыкъыхуэнэмэ нэхъ къыдощтэ. Хьисэ жиІат: «Зи псэр мыкІуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фІэкІуэдынущ, ауэ сэр щхьэкІэ зи псэр зыфІэкІуэд дэтхэнэми и псэр мыкІуэду къелынущ» (Маттэ 16:25). Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури, аращ лъым теухуауэ абы къыдита унафэр щІэдгъэзащІэр. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу ди дежкІэ сытыр нэхъыфІми Иеговэ зэрищІэр. Алыхьым хуэдэу дэри гъащІэр лъапІэу долъытэ икІи абы пщІэ худощІ (Еврейхэм 11:6).

16. Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт абы жиІэм щІедаІуэр?

16 Зэрытлъагъущи, Алыхьым и лэжьакІуэхэм лъым теухуа унафэр гъэзэщІэным мыхьэнэшхуэ ират. Абыхэм лъы яшхкъым икІи ирафкъым. Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми, лъы зыхагъэлъадэкъым. Ауэ абыхэм нэгъуэщІ Іэмалхэр къагъэсэбэп * икІи быдэу я фІэщ мэхъу сытыр я дежкІэ нэхъыфІми гъащІэмрэ лъымрэ къэзыгъэщІа Алыхьым зэрищІэр. Уи фІэщ хъурэ уэ Иеговэ уифІ къызэрилъыхъуэр?

ЛЪЫМРЭ КЪУРМЭН КЪЭХЬЫНЫМРЭ

17. Дапхуэдэут израил цІыхухэм лъыр къызэрагъэсэбэп хъунур?

17 Алыхьым бегъымбар Мусэ иригъэтха Хабзэм щыжыІат: «ГъащІэр лъым хэтщ икІи лъыр къурмэнщІыпІэм къыщывгъэсэбэпыну хуит фысщІащ фи псэр къэфщэхужын [нэгъуэщІу жыпІэмэ фи гуэныхьхэр къыфхуэгъун] щхьэкІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъыращ фыкъэзыщэхужыр» (Левит 17:11). Израил цІыхум гуэныхь ищІа нэужь, абы псэущхьэ къурмэныпхъэу къихьт икІи ар дин пашэм елъэІут псэущхьэм и лъым щыщ къурмэнщІыпІэм трикІэну. Апхуэдэу ар Иеговэ елъэІут и гуэныхьыр къыхуигъэгъуну. Апхуэдэ щІыкІэу фІэкІа лъыр къагъэсэбэпыну Иеговэ хуит ищІакъым.

18. Хьисэ и къурмэныпхъэм сыт хуэдэ Іэмал къытхузэІуихар?

18 Ди гуэныхьхэр тщхьэщихын щхьэкІэ, Хьисэ и гъащІэр итащ, нэгъуэщІу жыпІэмэ и лъыр игъэжащ. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ дяпэкІэ къурмэн къэхьыным теухуа хабзэр гъэзэщІэн зэрыхуэмеижыр (Маттэ 20:28; Еврейхэм 10:1). Хьисэ и гъащІэр апхуэдизкІэ лъапІэщи, ар къурмэныпхъэу дэр щхьэкІэ къызэрихьам и фІыгъэкІэ, Иеговэ дэтхэнэ цІыхуми гъащІэ мыухыж иритыфынущ (Иуан 3:16; Еврейхэм 9:11, 12; 1 Петр 1:18, 19).

ГъащІэмрэ лъымрэ лъапІэу зэрыплъытэр дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

19. «Зы цІыхум илъ» къыттемыхуэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

19 Иеговэ гъащІэр тыгъэ лъапІэу къызэрыдитам щхьэкІэ фІыщІэшхуэ худощІ. Дэ цІыхухэр фІыуэ долъагъури, Хьисэ я фІэщ хъумэ гъащІэ мыухыж яІэу зэрыпсэуфынур абыхэм яжетІэну дыхуейщ (Иезекииль 3:17—21). Апостол Паул жиІащ: «Зы цІыхум илъ къызэрыстемыхуэнур нобэ шэч къытезмыхьэжу нывжызоІэ; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщІэным еш сымыщІэу сыщІэкъуащ сэ» (Апостолхэм 20:26, 27). Дэри дыхуейкъым «зы цІыхум илъ» къыттехуэну. Аращ гъащІэр зэрылъапІэмрэ Иеговэрэ теухуауэ цІыхухэм яжетІэну дыщІыхуейр.

^ абз. 16 Лъы зыхэгъэлъэдэным теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІа «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ» жыхуиІэ тхылъым, 92—94 напэкІуэцІхэм.