Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

19 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр хъумэ

Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр хъумэ

1, 2. Хэт дэ хъумапІэ тхуэхъунур?

УИ НЭГУ КЪЫЩІЭГЪЭХЬЭ уэрамым удэту борэным щІидзауэ. Щыблэр мауэ, уафэр зэщІэуфІыцІащ икІи мэгъуагъуэ. Мис иджыпсту уэшхыр къыщиудынущ. Уэ зыщыбгъэпщкІун къыболъыхъуэ икІи ар къызэрыбгъуэту уотыншыж.

2 Нобэ апхуэдэ борэным дыхэту дыпсэууэ жыпІэ хъунущ. Дунейр кІуэ пэтми нэхъ Іей мэхъу. Ауэ дэ зыщыдгъэпщкІун диІэщ. Дэнэ? Библием итщ: «Сэ Иеговэ жесІэнущ: „Уэращ си хъумапІэр икІи си быдапІэр, сызыщыгугъыну си Алыхьри уэращ“» (Псалом 91:2). Пэж дыдэу Иеговэ ди хъумапІэу жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну ар къыддоІэпыкъу икІи гугъэ дахэ къыдет.

3. Сыт уэ пщІэн хуейр Иеговэ уи хъумапІэу щытын щхьэкІэ?

3 Сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэмыхуами, псори зэрытшэчын къару дэ Иеговэ къыдитынущ. Ар ди бийхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэщщ. Гузэвэгъуэ гуэрым дыпэщІэхуэми, абы кърикІуэ Іей псор Иеговэ зэрыІуихыжынум шэч къытедмыхьэми хъунущ. Библием дыкъыхуреджэ: «Тхьэм и фІылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн» (Иудэ 21). Иеговэ сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну ухуеймэ, уэ абы пэжыжьэ зыхуумыщІ.

АЛЫХЬЫМ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЛЪАПІЭУ ЛЪЫТЭ

4, 5. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур сытым къыхэщрэ?

4 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ, абы фІыуэ дыкъызэрилъагъур зэи зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. Абы къытхуищІа псом егупсысыт. Алыхьым и лъагъуныгъэр хыдолъагъуэ дэ абы къыдита щІыналъэм, шхыныгъуэ ІэфІхэм, псы къабзэм, къэкІыгъэхэм икІи псэущхьэхэм. Абы нэмыщІ Иеговэ и Псалъэм къыщытхузэІуихащ и цІэмрэ и хьэл-щэнхэмрэ. Ауэ псом нэхъ лъапІэу Иеговэ дэ къытхуищІар и Къуэ Хьисэ дэр щхьэкІэ къигъакІуэу и псэр зэритаращ (Иуан 3:16). Хьисэ и къурмэныпхъэм дэ гугъэ дахэ къыдитащ.

5 Іей псом кІэ езытыну Пащтыхьыгъуэр Иеговэ уафэм щытригъэуващ. А Пащтыхьыгъуэм и фІыгъэкІэ щІылъэр жэнэт хъужынущ икІи цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу, мамыру, насыпыфІэу псэунухэщ (Псалом 37:29). Иеговэ и лъагъуныгъэр иджыри къыхощ абы дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и нэІэ къызэрыттригъэтым. ГъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІыр абы дегъэлъагъу икІи ди тхьэлъэІухэм сыт щыгъуи къедэІуэну дыкъегъэгугъэ.

6. Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрыплъытэр дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

6 Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрыплъытэр дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур? Абы къыпхуищІэ псор фІыщІэ щІы. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хьисэ щыпсэуа зэманым хуэдэу, ноби цІыху куэдым я гум фІыщІэ илъкъым. Зэгуэр Хьисэ уэшын уз зэфыкІ цІыхухъуипщІ игъэхъужат, ауэ абыхэм щыщу Хьисэ фІыщІэ хуищІыну зы закъуэращ къэзыгъэзэжар (Лука 17:12—17). Иеговэ фІыщІэ хуэпщІыну зэи зыщумыгъэгъупщэ!

7. Дапхуэдэу Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъун хуейр?

7 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум дэри ар фІыуэ тлъагъуну дыхуегъэуш. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Иеговэ фІыуэ плъагъун хуейщ. (Къеджэ Маттэ 22:37.) Сыт абы къикІыр?

8, 9. Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъур дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

8 «Иеговэ фІыуэ солъагъу» жыпІэ къудейкІэ зэфІэкІрэ? Хьэуэ, зэфІэкІкъым. Уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Иеговэ фІыуэ плъагъумэ, ар уи ІуэхущІафэхэм къыхэщынущ (Маттэ 7:16—20). Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ уэ Алыхьыр фІыуэ плъагъумэ, абы и унафэхэми узэрытетынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр бгъэзэщІэну гугъукъым. (Къеджэ 1 Иуан 5:3.)

9 Иеговэ жиІэм уедаІуэмэ, уи гъащІэр насыпыфІэу щытынущ (Исаия 48:17, 18). Ауэ Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр пфІэмыкІуэдыну сыт къыбдэІэпыкъунур? АдэкІэ къэтщІэнщ.

ИЕГОВЭРЭ УЭРЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР НЭХЪ БЫДЭ ЩІЫ

10. Иеговэ теухуауэ зэпымыууэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын щІыхуейр сыт?

10 Иеговэрэ уэрэ фи зэныбжьэгъугъэм щІэдзапІэ хуэхъуар пщІэжу пІэрэ? Уэ Библиер бджыурэ, Алыхьым теухуауэ кІуэтэхукІэ нэхъыбэ къапщІэт икІи иужькІэ Иеговэ уи ныбжьэгъу хъуну ухуейуэ ухъуащ. Алыхьымрэ уэрэ фи зэныбжьэгъугъэр мафІэм ебгъэщхь хъунущ. А «мафІэм» сыт щыгъуи пхъэ пэрыбдзэн хуейщ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ теухуауэ зэпымыууэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ (Притчи 2:1—5).

Алыхьымрэ уэрэ фи зэныбжьэгъугъэр мафІэм ебгъэщхь хъунущ. Ар мыужьыхыжын щхьэкІэ, сыт щыгъуи пхъэ пэрыбдзэн хуейщ

11. Библиер адэкІи зэрыбджым сыт къыпэкІуэнур?

11 Библием ит пэжхэр Іэмал имыІэу уи гум лъэІэсынущ. Зэгуэр Хьисэ езым теухуа псалъэхэр и гъэсэнитІым къащыгуригъэІуам, абыхэм жаІащ: «Гъуэгум дыщытетым, Хьисэ къыдэпсалъэурэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къыдгуригъаІуэ щыхъум, и псалъэхэмкІэ дигъэгуфІэрэ дигухэр мафІэм хуэдэу къызэщІигъэнауэ щытакъэ?» (Лука 24:32).

12, 13. 1) Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэм сыт къыщыщІынкІэ хъунур? 2) Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр мыупщІыІун щхьэкІэ, сыт уэ пщІэ хъунур?

12 Хьисэ и гъэсэнхэр сытыт апхуэдизу зыгъэгуфІар? Тхыгъэ ЛъапІэм итыр нэхъыфІу къазэрыгурыІуаращ. Уэри Библием ит пэжыр къыщыбгурыІуам щыгъуэ, апхуэдэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ. Абы ухуигъэушащ Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхуну икІи ар фІыуэ плъагъуну. Ауэ Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэр упщІыІуфынущ. ДауикІ, уэ апхуэдэ къыпщыщІыну ухуейкъым (Маттэ 24:12).

13 Уэ Алыхьым и ныбжьэгъу ухъуами, адэкІи фи зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрыпщІыным ухущІэкъун хуейщ. Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ адэкІи къащІэ, къэпщІам куууэ егупсыс икІи ар уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэпыным хущІэкъу (Иуан 17:3). Библием ущеджэкІэ е ар куууэ щыбджкІэ уэ зэупщІыж: «Сыт Иеговэ теухуауэ къэсщІар? Алыхьыр гурэ псэкІэ фІыуэ слъагъуну сыт щІыхуэфащэр?» (1 Тимофей 4:15).

14. ТхьэлъэІум Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр дауэ нэхъ куу зэрищІыр?

14 Зэныбжьэгъухэр нэхъыбэрэ зэгъусэху икІи зэдэуэршэрыху, я зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу. Абы ещхьу, уэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэурэ нэхъыбэрэ уепсэлъэху, фи зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:17.) ТхьэлъэІур — уафэм щыІэ ди Адэм къыдита тыгъэ лъапІэщ. Уи тхьэлъэІур уи гум къыбгъэдэкІыу щытын хуейщ (Псалом 62:8). ГукІэ зэбгъэщІа тхьэлъэІухэр къытебгъэзэжурэ жыпІэн хуейкъым, уи псалъэхэр уи гум къыбгъэдэкІыу щрет. Аращи, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ гуащІэ хъун щхьэкІэ, адэкІи Библиер джы икІи уи гум къыбгъэдэкІыу тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуэгъазэ.

ИЕГОВЭ ТЕУХУАУЭ АДРЕЙХЭМ ЯЖЕІЭ

15, 16. ХъыбарыфІ гъэІуным уэ дауэ узэрыхущытыр?

15 Иеговэрэ уэрэ фи зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ, уэ абы теухуауэ адрейхэм яжепІэн хуейщ. Абы пщІэшхуэ пылъщ икІи ар Хьисэ ди пщэм къыдилъхьа къалэнщ (Лука 1:74). Дэ тщыщ дэтхэнэми Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр игъэІун хуейщ. Уэри хъыбарыфІыр бгъэІурэ? (Маттэ 24:14; 28:19, 20).

16 Апостол Паул хъыбарыфІ гъэІуныр лъапІэу илъытэт икІи а лэжьыгъэр «мылъкушхуэм» иригъэщхьащ (2 Коринф 4:7). Иеговэрэ абы и мурадхэмрэ теухуауэ цІыхухэм яжепІэным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ щыІэкъым. Ар Иеговэ дызэрыхуэлажьэм хохьэ икІи дэ абы етхьэлІэ къарур езы Алыхьым лъапІэу елъытэ (Еврейхэм 6:10). ХъыбарыфІ гъэІуным узэрыхэтыр сэбэп зыхуэхъур уи закъуэкъым, атІэ уэ къодаІуэхэми сэбэп яхуохъу: ахэри, уэр хуэдэу, Иеговэ гъунэгъу хуэхъуфынущ икІи гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къалъысыфынущ. (Къеджэ 1 Коринф 15:58.) НэгъуэщІ зы лэжьыгъэми апхуэдиз гуфІэгъуэ къыпхуихьынукъым!

17. ХъыбарыфІыр егъэтІылъэкІ димыІэу цІыхухэм яхуэтхьын щІыхуейр сыт?

17 Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр егъэтІылъэкІ димыІэу цІыхухэм яхуэтхьын хуейщ (2 Тимофей 4:2). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм зэхамыхыу хъунукъым. Библием щыжыІащ: «Иеговэ и махуэшхуэр гъунэгъущ. Ар гъунэгъущ икІи егъэлеяуэ мэпІащІэ»; ар «къыкІэрыхунукъым» (Софония 1:14; Аввакум 2:3). Иеговэ куэд мыщІэу Иблисым и дуней бзаджэм кІэ къызэрыхуигъэкІуэнур дэ нобэ цІыхухэм яжетІэну ди къалэнщ, Алыхьым хуэлэжьэну абыхэми Іэмал яІэн щхьэкІэ.

18. Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэкъуэту икІи зэгъусэу абы хуэлэжьэн щІыхуейр сыт?

18 Иеговэ хуейщ абы и лэжьакІуэхэр зэкъуэту икІи зэгъусэу абы хуэлэжьэну. Библием щыжыІащ: «Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж. ЦІыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэІущІэныр зыхэдывмыгъанэ, атІэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкІэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ» (Еврейхэм 10:24, 25). Ди зэІущІэхэм блэдмыгъэхуу дызэрыкІуэным дыхущІэкъун хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм гушхуэныгъэрэ къарурэ щыдогъуэт.

19. Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ плъагъуну сыт къыбдэІэпыкъунур?

19 Зэхуэсым уэ ныбжьэгъуфІхэр къыщыбгъуэтынущ икІи ахэр къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъуну. Уэр хуэдэу гурэ псэкІэ Алыхьым хуэлажьэ къуэш, шыпхъу куэд зэхуэсым щызэбгъэцІыхунущ. Ауэ абыхэми гуэныхь яхэлъщи, щыуагъэ гуэрхэри щащІэ къохъу. Абы къыхэкІкІэ бгъэгъуну ухьэзыру щыт. (Къеджэ Ефес 4:32.) Къуэш, шыпхъухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу зэрылъыптэным иужь ит, ауэ я щыуагъэхэм уемыплъ. Абы и фІыгъэкІэ уэ абыхэм фІылъагъуныгъэ яхуэпщІыну нэхъ тынш хъунущ икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ.

ГЪАЩІЭ ПЭЖЫР

20, 21. «ГъащІэ пэжыр» сыт зищІысыр?

20 Иеговэ хуейщ абы и ныбжьэгъухэр насыпыфІэу щытыну. Библием зэрыжиІэмкІэ, нобэрей гъащІэм зыкІи емыщхь гъащІэ дахэщ дэ къытпэщылъыр.

Иеговэ хуейщ уэ «гъащІэ пэжыр» къыплъысыну. Уэ абы ухущІэкъурэ?

21 Дэ илъэс 70—80 хуэдизкъым дызэрыпсэунур, атІэ гъащІэ мыухыжыр диІэу жэнэтыщІым дыщыпсэунущ. Дэ узыншагъэ быдэ диІэнущ икІи зыми дигъэшынэнукъым. Абдежым насыпыфІэ дыдэ дыхъунущ! Апхуэдэ гъащІэм Библиер «гъащІэ пэжкІэ» йоджэ. А гъащІэр Иеговэ тыгъэу къыдитыну дыкъегъэгугъэ, ауэ абы щхьэкІэ дэ ар «быдэу дубыдын» хуейщ (1 Тимофей 6:12, 19, ДЩІ).

22. 1) «ГъащІэ пэжыр быдэу убыдыным» къикІыр сыт? 2) ГъащІэ мыухыжыр къытхуэлэжьыну?

22 «ГъащІэ пэжыр быдэу убыдыным» къикІыр сыт? «ФІы щІэным хэтын» икІи «фІы щІэнымкІэ бей хъун» жиІэу аращ (1 Тимофей 6:18). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и Псалъэм къыщытщІэм дытету дыпсэун хуейщ. Ауэ гъащІэ пэжыр — мыухыж гъащІэр — къыпхуэлэжьынукъым. Ар Иеговэ и «нэфІ щыхуэныгъэкІэ» къыдит тыгъэщ (Рим 5:15). Шэч къытумыхьэ: уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэр икъукІэ хуейщ и лэжьакІуэ пэжхэм мыухыж гъащІэ яритыну.

23. Сыт хуэдэ унафэ уэ пщІын хуейр?

23 ЗэупщІыж: «Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу сэ абы сыхуэлажьэу пІэрэ?» Уи гъащІэм иджыри зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэн хуеймэ, зумыІэжьэу абы елэжь. Иеговэ жиІэм уедаІуэмэ икІи дзыхь хуэпщІмэ, абы укъихъумэнущ. ШейтІаным и дунеижьым кІэ кыщыхуэкІуэну зэманыр къэсыху, Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр къихъумэнущ икІи иужькІэ гъащІэ мыухыж яІэу жэнэтыщІым щигъэпсэунущ. Нобэ унафэ пэж пщІымэ, уэ Іэмал имыІэу гъащІэ пэжыр плъэгъунущ!