Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6-НЭ УПЩІЭР

Сыт сщІэ хъуныр, Іей гуэр сагъэщІэну хэтмэ?

Сыт сщІэ хъуныр, Іей гуэр сагъэщІэну хэтмэ?

МЫ УПЩІЭМ И ЖЭУАПЫР ПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Уи еплъыкІэм утемыкІыу быдэу утету зебгъасэмэ, адрейхэр уи гъащІэм и унафэщІу щомыгъэту, уэ езым уи щхьэм унафэ хуэпщІыжынущ.

СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт: Брайан и классым щыщ щІалэ цІыкІуитІ къыбгъэдыхьэу елъагъу. Абы и гур хуабжьэу къеуэу щІедзэ — мы тхьэмахуэм къриубыдэу ахэр ещанэу къыбгъэдохьэ, ар тутын ирагъэфэну.

Япэ щІалэ цІыкІум жеІэ:

— Сыт узэшу ущІыщытыр? Сэ уэр щхьэкІэ зыгуэр сиІэщ. Ар уэ уигу ирихьынущ...

«Зыгуэр» псалъэр абы макъкІэ къыхегъэщ. ЩІалэ цІыкІур и жыпым зэриІэбэр Брайан елъагъури абы иджыпсту тутын къызэрырихынур къыгуроІуэ. Абы щхьэкІэ Брайан и гур нэхъ хуабжьыжу къоуэ.

— Хьэуэ, хуейкъым. ВжесІауэ щытакъэ сэ...

ЕтІуанэм ар зэпеуд:

— Сыт, ушынауэ ара?

— Сышынакъым...

Абыхэм я зым и Іэр Брайан и дамэм трелъхьэри тригъэгушхуэу жеІэ:

— НтІэ ефэ!

НэгъуэщІым Брайан тутыныр хуешийри къыпыгуфІыкІыу жеІэ:

— Умыгузавэ, ар зыми къищІэнукъым.

Брайан и пІэ уитамэ, сытыт уэ пщІэнур?

КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!

Брайан къыдеджэ щІалэ цІыкІухэр тутын сыт щІефэр? Ахэр тутын ефэну щІадзэн ипэ, фІыуэ егупсысауэ пІэрэ абы? Егупсысауэ къыщІэкІынукъым. Адрейхэм къахэщыну хуейкъыми, езыхэм я еплъыкІэм темытыжу, псоми ящІэр ящІэжу аращ.

Апхуэдэ Іуэхугъуэ уихуэмэ, адрейхэм ящІэр умыщІэжу уи еплъыкІэм быдэу утетыну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?

  1. ИПЭКІЭ ПЛЪЭ

    Библием итщ: «Іущым шынагъуэ зыпэщІэхуэнур елъагъури зыщехъумэ, ауэ акъылыншэр къэмыувыІэу макІуэри гугъуехь куэдым пэщІохуэ» (Притчи 22:3).

    Нэхъыбэм гугъуехь узыпэщІэхуэфынур ипэ къихуэу плъэгъуфынущ. Псалъэм папщІэ, щІалэ цІыкІу гуп тутын ефэу зыхэту болъагъу. Къэхъуным уегупсысмэ, гугъуехь узыхуэзэнкІэ хъунухэм зыхуэбгъэхьэзырыфынущ.

  2. КЪЫПЭКІУЭНЫМ ЕГУПСЫС

    Библием щыжыІащ: «Фигухэр [«фи напэхэр», ДЩІ] къабзэу щывгъэт» (1 Петр 3:16).

    ЗэупщІыж: «Гупым ящІэр сщІэжмэ, итІанэ си напэр имысыну пІэрэ?» Пэжщ, ахэр зэман гуэркІэ къыпкІэрыкІынкІэ хъунущ, ауэ сыт итІанэ уи гум щыщІэнур? Уи классэгъухэр арэзы пщІын щхьэкІэ уи еплъыкІэм утекІыну? (1 Коринф 15:33)

  3. ПЩІЭНЫР КЪЫХЭХ

    Библием жеІэ: «ЦІыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ» (Галатие 6:7).

    Гува-щІэхами уэ пщІэныр къыхэпхын хуейщ икІи абыкІэ жэуап птыжынущ. Библием унафэ пэж зыщІа Исуф, Іэиуб, Хьисэ бегъымбар сымэ теухуауэ итщ. Абы нэмыщІ ар топсэлъыхьыж унафэ пэж къэзымыщта Къаин, Эсау (Исав), Иудэ Искариот сымэ. Уэ-щэ? Сыт уэ пщІэныр?

Библием итщ: «Іуэху мащІэкІэ узыщыгугъ хъун цІыхум Іуэху куэдкІи ущыгугъ хъунущ» (Лука 16:10). КъыпэкІуэным уегупсысу пщІэныр къыхэпхамэ, уи еплъыкІэр нэхъ тыншу жыпІэфынущ. ИкІи уэ абы гуфІэгъуэшхуэ къыпхуихьынущ.

Къыбдеджэхэр бгъэсэну ухэмыт. Абы нэхърэ быдэу «хьэуэ» яжеІи нэхъыфІщ. Абы нэмыщІ мыпхуэдэу пыпщэ хъунущ:

  • «Сэ абы сыхуейкъым!»

  • «Сэ апхуэдэ Іуэхухэм сыхэткъым!»

  • «Абы и гугъу къысхуэвмыщІыххэ!»

ЗанщІэу жэуап быдэ ептмэ, уэ бгъэщІэгъуэнущ ахэр псынщІэу къызэрыпкІэрыкІынур.

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНЫР КЪЫЩЫПЩЫДЫХЬЭШХЫМ ДЕЖ

Уи классэгъухэм я унафэм ущІэтмэ, уздыхуеймкІэ бгъакІуэ хъу, акъыл зимыІэ роботым ещхь уохъу

Уи классэгъухэр къыпщыдыхьэшхыу щІадзэмэ, сыт пщІэ хъуныр? Псалъэм папщІэ абыхэм къыбжаІэфынущ: «Сыт, ушынауэ ара?» Зыщомыгъэгъупщэ: ахэр къыщІыпщыдыхьэшхыр зыхуейр уагъэщІэну хуейщи аращ. Дауэ-тІэ абыхэм узэрыпэщІэтыфыныр? Уэ нэхъ мащІэ дыдэу ІэмалитІ уиІэщ:

  • КъызыфІомыгъэІуэху. («Пэжщ, сэ сошынэ! Сэ сыхуейкъым...»)

  • УкъимыкІуэт. УщІыхуэмейм и щхьэусыгъуэр яжеІэ икІи абыхэм ящІэр зэрымытэмэмым егупсысыну хуэгъэуш. («ФыцІыху губзыгъэ хуэдэщ, ауэ мы фщІэ Іуэхум губзыгъагъэ лъэпкъ хэлъкъым!»)

Уи классэгъухэм къыпщыдыхьэшхын щамыгъэтмэ, зыкъэгъази ІукІ! Нэхъыбэрэ ущытыху нэхъ Іейуэ къыптракъузэнущ. УІукІыу щытмэ, нэгъуэщІым и унафэмкІэ упсэуну узэрыхуэмейр къэбгъэлъэгъуэнущ.

Пэжщ, уи классэгъухэм уи гугъу къамыщІыххэу къэхъунукъым, ауэ, зыгуэрым Іей гуэр уигъэщІэну хэтмэ, уэ пхузэфІэкІынущ уи еплъыкІэм быдэу утетыжыну икІи адрейхэм уи еплъыкІэр къагурыбгъэІуэну. ИкІэм-икІэжым уи классэгъухэм ящІэр зэран пхуэхъунрэ пхуэмыхъунрэ зэлъытар уэ пщІы унафэращ (Иисус Навин 24:15).